Хэхэс гупсысэхэр

Токъмакъ Айдын Азей къалэ цIыкIум хиубыдэ Бешкъэзакъ хьэблэм 1951 гъэм къыщалъхуащ. СпортымкIэ егъэджакIуэу ар илъэс 27-кIэ курыт еджапIэм щылэжьащ.Иджыпсту Айдын мылэжьэжу Iэщ зехуэным,  вэн-сэным хэтщ.

Газетым и щIэджыкIакIуэхэм фи пащхьэ итлъхьэ мы тхыгъэхэр Токъмакъ Айдынщ зи IэдакъэщIэкIыр. Адыгэбзэм зэи хуемыджами, гукъыдэж ищIу езыр-езыру анэдэлъхубзэр зэзыгъэщIа цIыхухъур хуэкIуащ гупсысэ телъыджэхэм: абы фIэгъэщIэгъуэнщ бзэм и зэхэлъыкIэр, псалъэхэр къызэрыунэхуа щIыкIэр (этимологие), ахэр зэрызэхэлъ пычыгъуэ къэс мыхьэнэ щхьэхуэ зэриIэр. Апхуэдэ гупсысэм Токъмакъыр гурэ псэкIэ зэрыхуэкIуар щыхьэт тохъуэ адыгэбзэр бзэуэ щыIэм я нэхъыжь дыдэу, макъыбзэу (щIыуэпсым къигъэIу макъыр къигъэсэбэпурэ пасэрей цIыхум бзэ къызэригъэщIауэ) зэрыщытым. Ди гуапэщ абы и лэжьыгъэхэм зыщывгъэгъуазэмэ.

ТХЬЭКIУМЭ

«ТхьэкIумэ» псалъэр зэпкърытхмэ, пкъыгъуищу зэхэтщ: тхьэ-кIу-мэ. КъидгъэкIыр: «Тхьэм и макъыр зэхэхыпIэм макIуэ. Зэхрегъэх фIэфIыр, хъыбарегъащIэу зэхэхыпIэ къуапэм негъэс». Мы къуапэр тхьэкIумэращ.
«Тхьэ» псалъэр макъитIу зэхэлъщ.
«Т» - тын, зыт, къозыт,етын.
«Хьэ»-р псэщ.
(Пэ зиIэр мэпамэ, памэр мэбауэ, бауэмэ псэ егъуэт. «Пэр псэм и щIэдзапIэщ» Тхыгъэм къыхощ … Псэр сэращ… …(псэ ущ «хьэ» у) ар сэращ… «Хьэ»-р езым «цIыху» зыфIимыщ ипэ, зэрихьа цIэращ).
Мы хэплъэкIэм къыхокI: «Тхьэ»-р «Хьэ»-м «псэ» къезыт. «Зыгъэпсэу, зыгъэбауэ «псэ» хэзылъхьэ» - жиIэу аращ.
«КIу»-м кIуэ, кIуэн, зекIуэн.
«Мэ»-р Тхьэм и макъыр езыгъащIэ, зэхезыгъэхыу къезыт хъыбарегъащIэщ. (Памэу, бауэурэ зэхищIэ «мэ»-ри хъыбарегъащIэщ.)
ТхьэкIумэм, и тетыкIэм, и кIуэцI зыхэлъыкIэм дыхэплъэнщ. ТхьэкIумэр щхьэм, лъэныкъуитIу тетщ. Тхьэм и макъыр япэ здыIууэр тхьэкIумэ щIыбыращ. ТхьэкIумэ кIуэцIым «сыдж», «уадэ», «нэщIэпкIэ» теплъэу пкъыгъуищым хуэзэу макъ щохъу. МакъкIэ дызэджэр, щIыуэпсым хэт уэм и уалэращ, Тхьэм и макъыу тхьэкIумэм кIуэр. Уэм и уалэр тхьэкIумэ кIуэцIым йохьэ, «сыдж-уадэм» кIуэцIрыкIыу «нэщIэпкIэм» и шэрэзым «мэ» уэ макъ щохъу. ХъыбарегъащIэу «мэ»-р нэщIэпкIэ теплъэ шэрэз шыхьам макъ щохъулIэ. Макъ къехъулIар цIыхум и гум фIэфI хъуамэ, узыIуплъэ напэри (нэкIури) гуфIэжу, гуфIэпсу уолъагъу. Макъ Iей, макъ фIей (куэдыщэ) Iурыхьу тхьэкIумэм зэхихамэ, ари гум нос. Гум гуауэ щохъу. Къызэрегуэуари напэм щIыболъагъуэ, нэр мыгуфIэу, нэкIур мыгуфIэу, зэхэзэрыхьауэ. И IумкIи къеIуатэ фIэфI зэрымыхъуар, и псэри малъэ, мэпсалъэ, игу зэрыримыхьар къепсэлъ, къыжеIэ. «Сиудэгуащ» - къригъэкIыу.
Мы «шэрэз шыхьам» ещхь сурэт щIыпIэ куэдым щыболъагъу. БгъуэнщIагъхэм кIэрытхъа уагъэу ятIэ гъэжьахэм хэщIыхьауэ мывэ щIыIу тхыпхъэу кхъуэщыным, хьэкъущыкъум иратхъауэ. ТIы, ажэ бжьакъуэхэр зэрышыхьам ещхьу лъэпкъ дамыгъэхэм хэщIыхьа тIыбжьэ теплъэ тхыпхъэхэр. Мыбыхэм псоми зэщхьу хъыбарегъащIэ «мэ»-м дыхуишэну пIэрэ?
Мы «мэ», «ма» («хъы», «хъыбэ», «хъыбар»), хъыбарегъащIэм ящыщщ «макъ» псалъэр, («хъы», «хъыбэр» езыр езыруу къэхъу-къащIэщ).
«Къ» тхыпкъыр и закъуэ хъумэ, къикI, къригъэкI купщIэ хэлъкъым. ЩIезыгъадзэ, езыгъажьэ, щIэныр, Iуэхур езыгъажьэ, утыку изылъхьэ псалъэм ипэ итын хуейщ, пщIэ игъуэтын папщIэ.
Псалъэм и хьэтыркIэ:
«Плъэ» Iуэхум щIимыдзамэ, «къ» тхыпкъымкIэ щIрегъадзэ.
къ-а-плъэ, къ-о-плъэ, къ-о-плъ, къ-е-плъ, къ-и-плъ, …
къ-а-кIуэ, къ-е-благъэ, къ-е-псых, къ-ы-щIыхьэ, къ-э-тIыс
хуэдэ куэд.
Ауэ псалъэкIэми, кIэуххэми хыдолъагъуэ «къ» тхыпкъыр. Пкъы зиIэ псоми дыщрохьэлIэ, п-къ-ы, Iэп-къ, лъэп-къ, жьэп-къ, жэп-къ.
Пкъы хэмыту псалъэкIэм пыту зытIущ: уэр-къ, са-къ (хуэсакъ), хьэ-къ, хьэщба-къ, ма-къ
Мы «къ» тхыпкъыр, псэлъэм кIэух щыхуэхъум, щхьэхуэу зы пщIэ, зы купщIэ ирегъэгъуэт. «Ма» псалъэми зыпкъ, зы купщIэ, зы пкъыгъуэ егъуэт «макъ» щыхъум.
Макъыр нэрымылъагъуми, щIэныгъэрылажьэхэм къаIуатэ «уэ»-м и уалэу зэрыщытыр. КIапсэм хуэдэу зэпыщIауэ, зэпымычу уалэ-уалэу гъуэгу зрикIуэр тхыпхъэм нэрылъагъу ящI.
«Мэ»-р макъ хъуауэ, «ма»-р макъ хъуауэ, къэхъу-къащIэр уэзыгъащIэ хъыбарегъащIэу ди бзэм, ди гупсысэкIэм, ди гупсысэналъэм къыхыхьа IэщIагъэ, тхыпхъэщIыпхъэм хэлъыжу пасэрей фIэщхъуныгъэм, тхьэлъэIухэм хыхьа псалъэ куэд хэтлъэгъуэнущ.
Па-мэ-м, тхьэкIу-мэ-м, ма-къ-ым хэт «мэ», «ма» псалъэр хъыбарегъащIэу иужкIэ дытепсэлъэхьынущ.

 

Зыгъэхьэзырар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу