Зэлэжьыныр я куэду трагъэзэж

Мазаем и 4-м щыщIэдзауэ тхьэмахуитIкIэ Нартсанэ (Кисловодск) щригъэкIуэкIа етIуанэ зыгъэсэгъуэр иухри, «Спартак-Налшыкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къигъэзэжащ. МахуитI-щыкIэ я унагъуэхэм хэсу загъэпсэхунурэ, абы хэтхэр аргуэру къызэхуэсыжынущ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2019 - 2020 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм зыхуэгъэхьэзырыным пащэну.

Фызэрыщыдгъэгуэзащи, щIышылэм и 31-м Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-м зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ дригъэкIуэкIыу япэ зыгъэсэгъуэр кърихьэлIа иужькIэ, махуищ-плIыкIэ зигъэпсэхури, «Спартак-Налшыкыр» Нартсанэ (Кисловодск) кIуащ. Ди щIалэхэм етIуанэ зыгъэсэгъуэр тхьэмахуитIкIэ ирахьэкIащ. «Спартак-Налшыкым» иджыри къэс хэтахэм ядэщIыгъуу абы здашат Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол школхэм я гъэсэн щIалэщIэ зыбжанэ. Дэтхэнэми Iэмал хъарзынэ игъуэтащ ди командэм и тренерхэм гу зылъригъэтэну.
Ежьэн ипэкIэ «Мэшыкъуэ-КМВ»-м щыдэджэгуам КIэбышэ Заур зи пашэ тренер гупым зэIущIэр ирырагъэгъэжьат нэгъабэ тегъэщIапIэ нэхъыщхьэ ящIахэу гъуащхьэтет Щоджэн Борис, гъуащхьэхъумэхэу КIэдыкIуей Хьэчим, Белоусов Никитэ, Ольмезов Артур, Сындыку Темыркъан, гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Салахетдинов Инсар, Дэхъу Ислъам, Хьэшыр Алан, Iэпщацэ Марат, гъуащхьауэхэу Мэшэжь Ратмиррэ Бацэ Къантемыррэ. ЕтIуанэ Iыхьэращ зыкIэлъыплъ щIалэщIэхэр къыщрагъэхьар. Абыхэм я гъусэу джэгум хэта Ашу Мурад 81-нэ дакъикъэм дигъэкIа топым «Спартак-Налшыкым» текIуэныгъэр 2:1-уэ къыхуихьат.
Зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр иуха иужькIэ, ди командэм и Iуэхухэр зытетыр зэдгъэщIэну абы и тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Заур зыщыхуэдгъэзам къыджиIат:
- ТхьэмахуитI блэкIар хуабжьу купщIафIэу къэдгъэсэбэпащ икIи дызыхущIэкъуа псори зэдгъэхъулIащ, - дыщигъэгъуэзащ абы. - «Мэшыкъуэ-КМВ»-м дыщыдэджэгум зэдгъэлъагъуну дыхуеящ зыгъэсэныгъэр зэрекIуэкIыр щIалэхэм зэрызыхащIэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, къатохьэлъэ. ДяпэкIэ нэхъ дызэлэжьыпхъэхэр дубзыхуауэ Нартсанэ докIуэ.
Налшыкдэсхэм етIуанэ зэхуэсыгъуэм зыщагъэсэну къудейуэ аратэкъым, атIэ ахэр ирыщIагъэбыдэжу зэныбжьэгъугъэ зыбжани щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкIынут. Хьэрхуэрэгъу къахуэхъунухэм ящыщт Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым къыщыдыхэтхэу Мэхъэчкъалэ и «Легион Динамо»-р, Прогрессым и «Биолог-Новокубанск»-р, Ставрополь и «Динамо»-р, къищынэмыщIауэ, премьер-лигэм зыкъыщызыгъэлъагъуэ Грознэм и «Ахмат»-м и щIалэгъуалэ гупыр. Абыхэм зыкъомкIэ наIуэ къащIын хуейт «Спартак-Налшыкым» и зыгъэхьэзырыныгъэр зэрекIуэкI щIыкIэр.
ЕтIуанэ зыгъэсэгъуэм щIидзэри, махуищ фIэкIа дэмыкIауэ япэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр ирагъэкIуэкIащ. Мазаем и 7-м налшыкдэсхэр ядэджэгуащ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым къадыхэт «Легион Динамо»-м. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Дагъыстэным» и командэр дыдейхэм япэ турнир таблицэм увыпIищкIэ щитщ, зэхьэзэхуэр зэпагъэун и пэ очкоитхукIэ нэхъыбэ зыIэрагъэхьауэ. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, иужькIэ хьэрхуэрэгъу къахуэхъуахэми зэкIэ зэпеуэм ди щIалэхэр къащыкIэроху.
«Спартак-Налшыкым» и фащэр ящыгъыу «Легион Динамо»-м дэджэгун ирагъэжьащ Щоджэным, КIэдыкIуейм, Ольмезовым, Белоусовым, Сындыкум, Хьэшырым, Салахетдиновым, Дэхъум, Iэпщацэм, Машэжьым, Бацэм. ЗэIущIэр жыджэру къыщIадзэу лъэныкъуэхэм Iэмал хъарзынэхэр яIа пэтми, бжыгъэр къызэIуамыхауэ загъэпсэхуну икIащ.
Пасэу зэрытраухуам тету, джэгум и етIуанэ Iыхьэр езыгъэжьар нэгъуэщIхэрщ. Иджы «Спартак-Налшыкым» и щIыхьыр яхъумэрт Къардэным, Запалацкэм, Стригэ, Шумахуэм, Дзэмыхьым, Шаваевым, Уэрэзейм, Клышэ, Ашум, Къуэжейм, ­ХъутIэм. ИужькIэ абыхэм къахыхьащ Лъэпщымрэ Торосянрэ.
Хьэлэмэтращи, нэхъ щIалэщIэхэр мы зэIущIэм нэхъыфIу щыджэгуащ. ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэр ирагъажьэри, дакъикъитху дэкIауэ арат Шаваев Магомед налшыкдэсхэр япэ щригъэщам. Мыгувэу, «Легион Динамо»-м бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ.
ЗэIущIэм и кIэух дакъикъэхэр «Спартак-Налшыкым» и ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэмкIэ екIуэкIащ. Апхуэдэхэм ящыщ зым ди гъуащхьауэр мэхъэчкъалэдэсхэм я гъуэм пэмыжыжьэу ираудащ. Пенальти! Ар Iэзэу игъэзэщIащ Ашу Мурад.
Джэгур и кIэм нэблэгъэпат, зэIущIэм къызэрыхыхьэрэ куэд мыщIа Лъэпщ Темырлан кIэух бжыгъэр 3:1-м щынигъэсам. А щIалэщIэм зыкъомкIэ ущыгугъ зэрыхъунур къыкIэлъыкIуэ зэпэщIэтыныгъэми наIуэу къыщигъэлъэгъуащ.
Махуищ дэкIри, «Спартак-Налшыкым» хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуащ Урысейм футболымкIэ и премьер-лигэм щыджэгу Грознэ и «Ахмат»-м и щIалэгъуалэ гупыр. КIэбышэ Заур зи унафэщI тренерхэм абыи и IыхьитIым щагъэджэгуар гуп зырызщ. ТегъэщIапIэ ящI нэхъ лъэщыIуэу ябжхэм хухаха зэманыр ирагъэхьащ, 27-нэ дакъикъэм метр пщыкIузым и деж щыту топ къыдрагъэгъэкIри. Нэхъ щIалэIуэхэм Iуэхур иужькIэ ягъэзэкIуэжащ. Аргуэру къыхэжаныкIар гъуащхьауэ ныбжьыщIэ Лъэпщ Темырланщ. Зи чэзу топыр абы 78-нэ дакъикъэм грознэдэсхэм яхудигъэкIащ. Арати, 1:1-уэ лъэныкъуэхэр зэбгъэдэкIыжащ.
АдэкIэ къэхъуар зэгурыгъэIуэгъуейщ. Нартсанэ зэрыщыIэну етIуанэ зыгъэсэгъуэм къриубыдэу «Спартак-Налшыкым» иджыри зэныбжьэгъугъэ зэIущIищ иригъэкIуэкIащ, тIур иужь, мазаем и 17 махуэм хуэзэу, икIи псори иригъэхьащ.
Мазаем и 14-м налшыкдэсхэм нобэкIэ я зэфIэкIыр игъэбелджылащ Ставрополь и «Динамо»-м. Ди щIалэхэм ар хуабжьу жыджэру ирагъэжьат икIи я ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэр зэтрамыIыгъэфу я хьэрхуэрэгъухэм футбол хабзэр я гъуэм пэмыжыжьэу къызэпаудат. Налшыкдэсхэм Iэмал гъуэзэджэ ягъуэтат бжыгъэр къызэIуахыу япэ ищыну. АрщхьэкIэ… метр пщыкIузым и деж щыту гъуэр яхухэгъэщIакъым.
Абы зи гукъыдэжыр икъута «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм я лъэр щIэхуащ. Ар я хьэрхуэрэгъухэм Iэзэу къагъэсэбэпащ икIи езыхэр япэ ищащ. Ди щIалэхэм яхузэфIэмыкIар абыхэм къайхъулIэри, 34-нэ дакъикъэм ставропольдэсхэм бжыгъэр къызэIуахащ.
Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ Ставрополь и «Динамо»-р нэхъ ерыщыжу ебгъэрыкIуэ хъуащ. Налшыкдэсхэм абы зыри пэщIагъэувэфакъым. 57-нэ дакъикъэм, ди командэм илъэс куэдкIэ нэхъапэм щыджэгуа Гугуев Магомед зыхэт гупыщIэм и тепщэныгъэр нэхъ быдэж ищIащ, бжыгъэр 2:0-м нигъэсри. КIурашын Азэмэт абдежми къыщызэтеувыIакъым. Ставропольдэсхэм яхуэджэгу адыгэ щIалэм Iуэхур 3:0-м нигъэсащ, зэIущIэр иухыным дакъикъэ зытIущ фIэкIа къэмынэжауэ.
ЕтIуанэ зыгъэсэгъуэм и кIэух махуэм, мазаем и 17-м, «Спартак-Налшыкым» зэныбжьэгъугъэ зэIущIитI зэуэ иригъэкIуэкIащ. Ди командэм хэт псоми Iэмал яIащ абы зыкъыщагъэлъэгъуэну, зэхьэзэхуэм нобэкIэ зэрыхуэхьэзырыр къапщытэжыну.
Сыхьэт 13-м Прогрессым и «Биолог-Но­вокубанск»-м Нартсанэ щыIущIащ. Лъэныкъуэхэр я къарукIэ зэхуэфащэу щытащ. Джэгум кърикIуар зэхэзыгъэкIар ди щIалэхэм я хьэрхуэрэгъухэм къыхудагъэкIа топ закъуэращ.
Ар зэриухыу, сыхьэт 15-м, Мэхъэчкъалэ и «Легион Динамо»-м «илъ ищIэжыну» Iэмал игъуэтащ. Дагъыстэн щIалэхэм ар Iэзэу къагъэсэбэпащ икIи махуипщI ипэкIэ «Спартак-Налшыкым» къызэрыхигъэщIар ягъэзэкIуэжащ. Пэжщ, абы щыгъуэм ди щIалэхэр 3:1-уэ текIуат. Иджы 1:2-уэ фIахьащ.
Арати, етIуанэ зыгъэсэгъуэм къриубыдэу Нартсанэ щрагъэкIуэкIа зэIущIитхум ящыщу зым щытекIуауэ, апхуэдизри зэрытемыгъэкIуауэ, щым къыщыхагъэщIауэ налшыкдэсхэм къагъэзэжащ. Псом хуэмыдэу узыгъэпIейтейр иужь джэгугъуищым кърикIуахэращ. Хэт ищIэн, зыгъэсэныгъэм и кIэухыр ди щIалэхэм къатехьэлъагъэнущ. Ар зыщIэнур я тренерхэращ, къалэн пыухыкIахэр яхуэзыгъэувари ахэращ. Сыти жыIи, зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэм къарикIуэ бжыгъэхэракъым зэхьэзэхуэм зыщыхуагъэхьэзыркIэ нэхъыщхьэр, атIэ абы ирихьэлIэу я зэфIэкIым и лъагапIэм нэгъэсынырщ, гупыр зэкъуэгъэувэнырщ.
Куэд зыгъэпIейтей Iуэхугъуэм иджы теухуауэ - «Спартак-Налшыкым» щыджэгухэм ехьэлIауэ нобэкIэ зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри щыIэкъым. Абы и тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Заур къызэрыхигъэщамкIэ, цIыхуитI-щы зыхагъэхьэнкIэ хъунущ.
- Тебэрды Тимур къытхыхьэжыну дыщыгугъат, арщхьэкIэ ар Мэхъэчкъалэ и «Легион-Динамо»-м хыхьауэ жаIэ. Бажэ Амири дигъэлъэщынут, ауэ абы Иорданием зыкъыщыгъэлъэгъуэным пищэнущ. Джатэрывэ Къазбэчи къэтщтэжыфынут, нэгъуэщI къэрал цIыху зэрыхъуамкIэ паспорт къыдимыхатэмэ. (ЗэрыфщIэжщи, «Спартак-Налшыкым» иужькIэ ар Къэзахъстаным Iэпхъуэри, а къэралым и командэ къыхэхам и щIыхьыр ихъумащ - Ж.З.) Апхуэдэхэр къыщытхыхьэфынур бадзэуэгъуэм (июлым) и 1-м щыщIэдзауэщ. КъищынэмыщIауэ, ди командэм зэгуэр хэта футболист Iэзэхэм ящыщ зыгуэрхэм къагъэзэжыну я мурадмэ, ди гуапэу зыхэдгъэхьэжынущ. «Спартак-Налшыкыр» сыт щыгъуи апхуэдэхэм хуэныкъуэщ, - къыджиIащ КIэбышэм.
Ещанэ, кIэух, зыгъэсэгъуэм ди щIалэхэм нобэ щIадзэ. Абы нэсу щызэфIэувэнущ гупым хэтынухэмрэ джэгукIэмрэ. Дауи, зыгъэсэныгъэхэр зэрекIуэкIыр къыщапщытэж зэныбжьэгъуэгъэ зэIущIэ зыбжани щыIэнущ.

 

 

 

 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: