Джылахъстэнейр зыгъэбжьыфIэ Къазий Алексей

Журналистхэм йопсалъэ

1991 гъэм Нартсанэ (Кисловодск) щекIуэкIырт Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ. Килограмм 76-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр щихъумэрт джылахъстэней щIалэ Къазий Алексей. А зэпеуэм абы и хьэрхуэрэгъу псори щыхигъащIэри, дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ икIи куэдым гу къылъатащ зэIущIитхум ящыщу плIым къабзэу зэрыщытекIуам къыхэкIыу. Ар иужькIэ дунейпсо чемпион хъуа, ЩIы хъурейм и кубокыр къэзыхьа, вице-олимп чемпион зыгъэхьэзыра Къазий Алексей и спорт гъуэгуанэ кIыхьым и къежьапIэу арат.

БэнэкIэ хуитымкIэ Тэрч къалэм къыщызэIуаха секцэм и къуэш нэхъыжьым дэщIыгъуу щы­кIуам илъэсипщI зи ныбжь Алексей псым есынымкIэ разряд иIэт. Мыбыи жыджэру щригъэжьащ икIи еплIанэ классым щеджэу район зэхьэзэхуэм щытекIуащ. ИужькIэ сымаджэ хъури, зэман кIыхькIэ спортыр IэщIыб ищIын хуей хъуащ. И узыншагъэр зэрызэфIэувэжу, ерыщу зыгъэсэныгъэхэм щIидзэжащ икIи республикэпсо зэхьэзэхуэм хэтыну Iэмал игъуэтащ. АрщхьэкIэ… зыхэта зэIущIэ псоми къыщыхагъэщIащ.
Апхуэдэ щIэщхъум хэти и лъэр щIигъэхуфынут. Абдежым Алексей щIэгъэкъуэн лъэщ къыщыхуэхъуащ и тренер УнащIэ Георгий. А гъэсакIуэ Iущым икIи Iэзэм къыжриIащ зыри шынагъуэ къызэрымыхъуар, адэкIэ ерыщу зыгъэхьэзырын зэрыхуейр. ЩIалэщIэми ар хьэкъыу пхыкIащ.
Куэд дэмыкIыу Къазий Алексей аргуэру утыку къихьэжащ. Абы куэдкIэ зихъуэжат, и зэфIэкIми хэпщIыкIыу хигъэхъуат. Республикэпсо зэхьэзэхуэм ар дахэу икIи Iэзагъ зэрыбгъэдэлъыр къигъэлъагъуэу щытекIуащ. АдэкIэ тегушхуэныгъэ къыхыхьэжащ икIи зыхищIащ нэхъыбэж зэрыхузэфIэкIынур. Апхуэдэ гупсысэр щIигъэбыдэжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам дэщIыгъуу Урысейм и Ипщэ щIыналъэм щыIа зэпеуэм. Абы и япэ дыдэ зэIущIэм Алексей хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуат Дагъыстэным къикIа бэнакIуэ лъэщыр. Ар зэпэщIэтыныгъэ гуащIэт. Къазийр 13:7-уэ япэ ищат, ауэ, къэнэжа зэманыр хуэмыхьыжу, укIуриинкIэ къэшынащ. Апхуэдэу щыхъум и ныкъуэкъуэгъум зыкъришэкIри, зэIущIэр щиухыным пэплъэу увыжащ. Модрейми зимыгъэхъейуэ щытт, емыбгъэрыкIуэмэ зэрыхагъэщIар ищIэ пэтми. Арати, зэIущIэр иухащ. ИужькIэ Алексей абы еупщIащ къыщIемыбгъэрыкIуам и щхьэусыгъуэмкIэ. «АпхуэдизкIэ сешати, самыIыгъыжу си лъэр щIэхурт», - зиумысыжащ дагъыстэн щIалэм.
1991 гъэр Къазийм зыкъомкIэ хуэугъурлащ. Къэралпсо утыку ихьэри, япэщIыкIэ школакIуэхэм я урысей зэхьэзэхуэм щытекIуащ, къыкIэлъыкIуэу ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм дыщэ медалыр IэщIэлъу къикIыжащ. АдэкIэ дуней псор къыхузэIухат.
Къазий Алексей и дежкIэ зэи гум имыхужынщ 1992 гъэм и шыщхьэуIу (август) мазэр. НыбжьыщIэхэм я дунейпсо чемпионатыр щыщыIэну Истамбыл нэзыгъэсын хуей кхъухьлъатэм зыщиIэтынур ягъэIэпхъуэ зэпытт. Псори я пIэм изэгъэжыртэкъым. Зы жэщ-махуэкIэ гувауэ ар тырку щIыналъэм къыщетIысэхам, Алексей жэрыгъэ защIэкIэ кIуэн хуей хъуащ зэхьэзэхуэм хэтыну бэнакIуэхэр щашэч щIыпIэм. Тэрэзэм щытеувам къытридза бжыгъэхэр и фIэщ хъуакъым: зэрыщыта килограмм 83-м и пIэкIэ зэрыхъужыр килограмм 76-рэт.
«Iуэхукъым, - егупсысащ Алексей, - зэпеуэхэм щIадзэхукIэ иризгъэкъужынщ». АрщхьэкIэ зэмыса тырку шхыныгъуэхэм и хьэлъагъым хригъэгъэхъуакъым.
Зэхьэзэхуэр къызэзыгъэпэщхэм я дежкIэ мыхьэнэ зиIэр бэнакIуэр зыхэт хьэлъагъым щIимыгъунырщ. ДапхуэдизкIэ нэхъ псынщIэми хъунущ. Ар къызытехьэлъэр езы спортсменращ - и хьэрхуэрэгъур нэхъ хьэлъэхукIэ, нэхъ хэгъэщIэгъуейщ.
Щыбэнэну алэрыбгъум къыщытехьам а къомыр Алексей зэригъэзэхуэжыртэкъым. Абы и гупсысэ псори иджы зэхьэлIар и хьэрхуэрэгъухэр зэрыхигъэщIэнырт.
Япэ дыдэ зэIущIэхэм къагъэлъэгъуащ Къазийр зэхьэзэхуэм фIы дыдэу зэрыхуэхьэзырыр. Гугъу емыхьыщэу икIи зэпIэзэрыту абы зэкIэлъхьэужьу хигъэщIащ Болгарием, Чехием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIахэр. ЕплIанэу утыку къыщихьаращ хуэфэщэн хьэрхуэрэгъу лъэщ къыщыкъуэкIар. Абы къыщыпэува алыдж бэнакIуэр Iэл дыдэт икIи зэIущIэхэм ящыщ зым и ныкъуэкъуэгъум и лъакъуэр щикъутат. А Iуэхугъуэм хуабжьу игъэпIейтеят и тренер УнащIэ Григорийрэ и къуэм дэщIыну Тыркум къэкIуа Алексей и адэ Владимиррэ. Абыхэм щIалэщIэм зыкърагъэщIакъым икIи жраIэ зэпытт езыр куэдкIэ зэрынэхъ лъэщыр икIи Iэзэр.
Къазий Алексей и гъэсакIуэри и адэри бэлыхь лей хигъэтакъым. Алыдж «къупщхьэкъутэр» абы хигъэщIащ баллитхукIэ япэ ищауэ. Ар шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ дахэт! Апхуэдэу щыт пэтми зэIущIэ нэхъыщхьэр щыщыIэнур дяпэкIэт. Псом хуэмыдэу къэплъытэмэ, Алексей къищынэмыщIауэ ди къэралым щыщу финалым кIуар зэрызызакъуэр.
Арати, дыщэм щыщIэбэныну зэIущIэр зэхаублащ. Къазийр занщIэу ебгъэрыкIуэу хуежьащ, арщхьэкIэ и хьэрхуэрэгъу куржы щIалэр 2:0-у япэ ищащ. Ар хуабжьу къарууфIэт икIи псынщIэт. Бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжыну Алексей зричащ. АрщхьэкIэ куржы лъакъуэ кIыхьым хуэфэщэн жэуап къритыжри, Iуэхур 6:0-м нигъэсащ.
Пщтырагъ зыхэлъ апхуэдэ бэнэкIэр къызэремызэгъыр джылахъстэней щIалэм зыхищIащ. И къилъ-къипкIыр щигъэтри, ар зэпIэзэрыт хъуащ. И дэтхэнэ ебгъэрыкIуэныгъэри иджы абы егупсысауэ икIи емыпIэщIэкIыу игъэхьэзырырт. Лъакъуэм зыщIидзэри, зы балл къихьащ, игъэкIэрахъуэри щым нигъэсащ. И хьэрхуэрэгъум и лъакъуэм щIыхьэри, аргуэру зы балл зыIэригъэхьащ. Бжыгъэр 4:6 хъуауэ аращ, зэIущIэр иухынми къэнэжар секунд бжыгъэщ. Апхуэдиз зэпэщIэтыныгъэ гуащIэм зэрыхэтым хуэдэу, абы и нэм къыкIэлъыплъхэм къахиубыдыкIащ и адэр. Алэрыбгъум къилъэдэным хуэдэу пIейтеяуэ, гузэвэгъуэр телъу ар къеплъырт. КъыздикIар имыщIэу Алексей абы къаруущIэ къыхилъхьащ икIи и хьэрхуэрэгъур къипхъуатэри, игъэкIэрэхъуащ. Къэхъуар къызыгурымыIуа куржы щIалэм зыкъыщищIэжам алэрыбгъум телът. Иужь ебгъэрыкIуэныгъэм баллищ зэуэ къыхуихьри, бжыгъэр 7:6-уэ Къазийр япэ ищащ. Ар дунейпсо чемпионыгъэм и дыщэ медалыр къыхуэзыхьт. Ялъэгъуам дэрэжэгъуэ ин зрита зэхьэзэхуэр щекIуэкI пэшым щIэсхэр толъкъуным хуэдэу къаукъубеящ. Абы игъэгушхуа адыгэ щIалэм, и хьэрхуэрэгъум зыкъимыщIэж щIыкIэ, и ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщым къыпещэ. Къэнэжа секундипщIыр зэи имыухыжыным хуэдэт. Ар зэфIэкIащ, Къазийм текIуэныгъэр къы­хуэзыхь бжыгъэм зимыхъуэжу.
ЗэIущIэр зэриухам щыхьэт техъуэу судьям и кIэфийр къызэрыIуу, УнащIэр утыкум къилъадэщ икIи и гъэсэныр къипхъуатэри, игъэкIэрэхъуащ. Абы кIэщIу и ужь къитт Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщхэри.
ГуфIэгъуэр псоми я зэхуэдэт. Хамэ щIыпIэр етIуанэ хэку зыхуэхъуа адыгэхэм адэжь щIыналъэм къикIа дунейпсо чемпионыщIэр лъагэу яIэтащ икIи езыри и гъусэхэри пщIэшхуэ къыхуащIу ягъэхьэщIащ.
КIэух зэIущIэр иухри, дакъикъэ зыбжанэ дэкIауэщ Къазий Алексей Тыркум къыщихьа дыщэ медалым щIита уасэр зыхуэдизыр къыщищIар. И Iэпкълъэпкъ къызэщIэплъар упщIыIужа иужькIэ наIуэ хъуащ и лъакъуэр зэришэщIар. Абы и зэранкIэ илъэс псокIэ зэхьэзэхуэхэм хэтыжыфакъым.
ИужькIэ Къазий Алексей игъасэу хуежьащ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Щомахуэ Къэралбий. Абы и унафэм щIэту 1998 гъэм Дунейпсо кубокыр зыIэригъэхьащ, нэгъуэщI ехъулIэныгъэ инхэри иIащ.
Спортым щIыхь зиIэ и мастер Къазий Алексей бэнэн щигъэта иужькIи а спорт лIэужьыгъуэр IэщIыб хуэщIакъым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым юрист IэщIагъэр щызригъэгъуэтауэ абы ирилэжьэну Iэмал иIэ пэтми. Ар тренер IэнатIэм пэрыуващ икIи ехъулIэныгъэфIхэри щызыIэрегъэхьэ. ЗэкIэ и нэхъ лъагапIэ ин дыдэр Рио-де-Жанейрэ 2016 гъэм щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимп джэгухэм и вице-чемпион, Дунейпсо кубокыр зыIэщIэлъ, тIэунейрэ Европэм и чемпион, Европей джэгухэм щытекIуа, дунейпсо чемпионатым жэз медалыр къыщызыхь Джэду Iэниуар зэригъэсаращ.
Нобэми куэд топсэлъыхьыж Къазий Алексей и гъэсэным Бразилием щекIуэкIа Олимпиадэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм. Килограмм 74-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и финалым хуэзышэ гъуэгур Джэду Iэниуар хуабжьу къехьэлъэкIат. Азербайджаным щыщ Гасанов ДжэбрэIил дунейм щынэхъ лъэщхэм ящымыщми, американ бэнакIуэ Барроуз хуабжьу иригъэша Джэдур хигъэзыхьащ. ЗэIущIэм и япэ Iыхьэр щиухам ар 4:0-у япэ ищат.
БэнакIуэ куэд щыIэкъым апхуэдизу къефIэ­кIыу щIэзыдза и хьэрхуэрэгъур иужькIэ иригъэкIуэтыжыфу. Джэдур а закъуэтIакъуэм ящыщщ. КъыкIэлъыкIуэ дакъикъищым абы бжыгъэр 5:4-м нигъэсри, финалым хэтыну хуитыныгъэ къихьащ. АрщхьэкIэ Гасановым къаруушхуэ дыдэ зэрытригъэкIуэдар нэрылъагъут. КъищынэмыщIауэ, Iэниуар и нэщIащэр зэгуэудауэ къыфIыщиуд лъыр щIэх-щIэхыурэ ягъэувыIэн хуей хъурт.
КIэух зэIущIэм зыхуигъэхьэзырыну Джэдум сыхьэт зытIущ иIэт. А зэманыр Къазий Алексеи дохутырхэми трагъэкIуэдащ фэбжьхэр пIалъэкIэ нэхъ мыхъуми ягъэундэрэщхъуэным. Ар хъарзынэу яхузэфIэкIа хуэдэт.
Финалым къыщыпэщIэува Язданишариати Хьэсэн Ираным щыщт. БэнэкIэм а къэралым ижь-ижьыж лъандэрэ гулъытэ хэха щегъуэт икIи абы япэ ирагъэщ спорт лIэужьыгъуэ щыIэкъым. Дауи, гурыIуэгъуэт а зэпэщIэтыныгъэр тынш зэрымы­хъунур.
И къарур зэрыгъуэтыжауэ икIи и узыншагъэр мащIэу зэфIагъэувэжауэ Джэду Iэниуар кIэух зэIущIэм къихьащ. Абы и тренер Къазий Алексей къыгуригъэIуащ псынщIэ-псынщIэу и хьэрхуэрэгъур хигъэщIэн зэрыхуейр, армыхъумэ и фэбжьхэм зэрызыкърагъэщIэнур. 6:0-у Джэдур япэ щищам зыми шэч къытрахьэжыртэкъым адыгэ щIалэр чемпион зэрыхъунум. АрщхьэкIэ …
Фэбжьыр зыхуэзэ щIыпIэр зылъагъу Язданишариати «зэрымыщIэкIэ» абы жьэхэуэрт. ИкIи лъым аргуэру къыщригъэудыжащ. ЗэIущIэр зэпагъэури, дохутырхэм къеджащ. Дыдейхэр Джэдум бгъэдагъэхьэртэкъым. Пасэу ягъэува хабзэмкIэ, утыку ит бэнакIуэхэм еIэзэр абы хухаха дохутырхэрщ. Зыкъомрэ елIалIэри, лъыр къызэтрагъэувыIащ. Бэнэн щIадзэжри, аргуэрыжьт. Иджыри мызэ-мытIэу зэпагъэун хуей хъуащ. Лъыр ямыгъэувыIэмэ, бэнэныгъэр щагъэтынурэ, хьэрхуэрэгъум текIуэныгъэр иратынут.
Дохутырхэр къеIэзауэ къыщихьэжам, Iэниуар лъыгъажэшхуэ хэтауэ фIэкIа пщIэнтэкъым. И нэхэр къызэрыщIэщ щымыIэу и щхьэри и пщэри къепхэкIат, бэуапIэрэ гупсысапIэрэ кърамыту.
ЛIыгъэу иIэр зэхилъхьэри, абы бэнэныгъэм пищащ. АрщхьэкIэ и къарухэр щIэкI зэпытт. Ираным щыщ бэнакIуэр а щытыкIэм нэхъри къытригъэгушхуэрт икIи хуэм-хуэмурэ бжыгъэр 6:4-м нэсащ. Къэнэжар секунд бжыгъэт.
Зи нэхэр къыщхьэрипхъуэ Джэду Iэниуар Язданишариати Хьэсэн къызэщIиубыдащ. Ахэр лIэн-къэнэну зоныкъуэкъу. ЗэIущIэр еух, ауэ абы зы мэскъалкIэ япэ иту перс щIалэм аргуэру очкоитI судьям кърет.
Бжыгъэр 6:6 хъуащ. ЗэрытемыгъэкIуа хуэдэщ, арщхьэкIэ спорт бэнэкIэм езым и хабзэ иIэжщ: бжыгъэр щызэхуэдэм и деж иужьу очко къэзыхьар япэ ирагъэщ. А щIыкIэм тету Ираным къикIам япэ увыпIэр лъысащ. Лъыпсыр къызыпыж Iэниуар къыIэрыхьар дыжьын медалращ, ауэ IэщIагъэлIхэми абы кIэлъыплъахэми къызэралъытамкIэ, ар дыщэ кудым нэхърэ нэхъ лъапIэщ.
- Нэхъ пасэу игъуэта фэбжьым и зэранщ Джэду Iэниуар Олимпиадэм и финалым къызэрыщыхагъэщIар, - жиIащ иужькIэ Къазий Алексей. - Зыми шэч къытрихьэртэкъым абы дыщэ медалыр къызэрилэжьам икIи зэрыхуэфащэм.
Сыт пщIэнтIэ, спортым апхуэдэ куэд къыщохъу. УщытекIуи укъыщыхагъащIи абы щыгъунэжщ, дэтхэнэми хуэфэщэн дерс къыхэхыпхъэу аращ. БэнакIуэ цIэрыIуэ икIи тренер гъуэзэджэ Къазий Алексей нэхърэ хэт нэхъ щыгъуазэ а псом?!

 Дунейпсо чемпион, ЩIы хъурейм и кубокыр къэзыхьа Къазий Алексей.
 

И гъэсэн вице-олимп чемпион Джэду Iэниуар дэщIыгъуу ягъэлъапIэ.
.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: