УсакIуэ Сонэ Абдулчэрим и дзапэ уэрэдыр

Сонэ Абдулчэрим Къадир и къуэр Бахъсэн ­щIыналъэм хыхьэ Къулъ­къужын Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ 1942 гъэм мазаем и 28-м. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, 1961 - 1964 гъэхэм Налшык станкозаводым щылэ­жьащ.
1965 - 1970 гъэхэм Абдулчэрим КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым щеджащ. 1970 - 1972 гъэ­хэм «СКЭП» заводым и социологыу, иужькIэ къэ­рал щэхухэр печатым мыгъэкIуэнымкIэ республикэ управленэм редактору, «Нарт» тхылъ тедзапIэм и унафэщIу лэжьащ. 2006 гъэм щегъэжьауэ 2012 гъэ пщIондэ «Нур» журналым и редакцэм и къудамэм и унафэщIщ.
Абдулчэрим усэ тхыным пасэу дихьэхащ. НэгъуэщI лъэпкъхэм я уса­кIуэшхуэхэм я Iэдакъэ­щIэкIхэр адыгэбзэкIэ зэ­ри­дзэкIащ.
Сонэм и гуащIэ хилъ­хьащ школым зэрыщрагъаджэ тхылъхэр зэхэлъ­хьэнми. Абы адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ 1 - 3-нэ клас­схэм математикэмкIэ я тхылъыр. Къи­щы­нэмыщIауэ, Сонэм ди анэдэлъхубзэм къригъэзэгъащ муслъымэн диным теухуа тхылъ, тхыгъэ зыбжанэ.
Лъэпкъым, Хэкум, тхы­дэм ятеухуа, сабийхэми балигъхэми яхуэгъэза усэ куэд Абдулчэрим и Iэдакъэ къыщIэкIащ. И усэ тхылъ зыбжанэ дунейм къытехьащ: «Дзапэ уэрэд», «Къуалэбзу джэгуакIуэхэр», «ПыIэзэ­фIэхь зэман», «Iэгу-махуэ, IэщI-жэщ». ЦIэрыIуэ хъуащ и псалъэхэр зы­щIэлъ уэрэдхэу «Шагъдий», «Хьэблэ щIалэр доджэгу», «Налшык парк», «Къреунэху зы махуэ», нэгъуэщIхэри.
Очерк, публицистикэ тхыгъэхэр тхынми Сонэр хуэIэкIуэлъакIуэщ. Ар Урысей Федерацэм и Журналистхэми ТхакIуэхэми я зэгухьэныгъэхэм хэтщ. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ ­лъапIэр 1998 гъэм къыфIащащ.

Адыгэбзэм  и  пщIэр  къэзыIэт

Дызэрыт зэман гугъум гу щIыIэ дищIа е  еджэхэм нэхърэ зытх­хэр нэхъыбэ хъуауэ дызэхэзэрыхьыжу ара, сытми куэдрэ  къохъу усакIуэ нэсым и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъым хуэфащэ гулъытэ щимыгъуэт. Апхуэдэ гупсысэхэр си гум къагъэкIащ, усакIуэ Сонэ Абдулчэрим «Iэгу-махуэ, IэщI-жэщ» зыфIища и тхылъым  аргуэру зэ набдзэгубдзаплъэу сыкъеджэжа нэужь.

КЪЭБЭРДЕЙ литературэм псэ хьэлэлу хуэлажьэ усакIуэщ Сонэ Абдулчэрим. Абы зыкъигъэлъэгъуащ гъащIэм нэ жанкIэ пхрыплъыф, щIэр зи унэтIыныгъэ, «зи лъагъуэр езым ещхьыж» тхакIуэу. Сонэм къыдигъэкIащ и усыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ, и IэдакъэщIэкI куэд газетхэмрэ журналхэмрэ традзащ, цIэ­рыIуэ хъуа уэрэдхэм ящIэлъ псалъэхэр зэхилъхьащ. Абдулчэрим ящыщщ анэдэлъхубзэр щIэблэм яIурылъыным и къару емыблэжу, еш жыхуаIэр имыщIэу телажьэ цIыхухэм. Тхылъ тедзапIэм щыщылэжьа илъэсхэм, абы Iэзэу зэхилъ­хьэри, дунейм къытригъэ­хьащ ещанэ классым адыгэбзэр зэрыщаджын тхылъ.
«Iэгу-махуэ, IэщI-жэщ» тхы­лъым щызэхуэхьэсащ усакIуэм и ­къалэмым къыщIэкIа тхыгъэ нэхъыфIхэр, «Къуалэбзу джэ­гуакIуэхэр» зыфIища поэмэри хэту. Абыхэм наIуэ ящI Сонэм япэу къыдигъэкIа тхылъхэм («Дзапэ уэрэд», 1975 гъэ; «ПыIэзэфIэхь зэман», 1988 гъэ) яхилъхьа гурыщIэхэм, поэзием щиIэ гупсысэкIэм хуэпэжу къызэрынэжар икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, псом нэхърэ ар нэхъыщхьэу къыдолъытэ - и Iэзагъым нэхъ зэрызиузэщIар.
Сонэм и усэхэм я нэхъыбэм философие куу ящIэлъщ. Абы сатырхэм «жыжьэу Iэбэ къэухь» ярет. УсакIуэм къелъыхъуэ къэралымрэ цIыхухэмрэ я зэхущытыкIэм хэлъын хуей пэжагъыр, хэмылъмэ - щIы­хэмылъым и щхьэусыгъуэр, цIыхугъэмрэ напэмрэ дунейр къызэриухуэрэ зэрызэхьэлIар, а тIур щызэфIэкIуэдым деж жылагъуэ псэукIэри зэрыбгъунлъэр, къулыкъурэ мылъкукIэ нэ­хъуеиншэхэм утыкур зэрау­быдыр.

Жэщым и Iэгу-махуэ,
Махуэм и IэщI-жэщ.
Хэт зэманыр щIехуэ,
Хэт зэманым еху.
Iэгу-IэщI зэблэхъуным
ГъащIэр еудын.
Iэгум къимыхъуэнур
IэщIым тезэгъэн?

ЦIыхубэм пщIэнтIэпсрэ хьэзабкIэ яухуа къэрал лъэщыр лъэлъэжащ. Абы къишащ зыпэмыплъа зэраныгъэ Iэджэ. Иджы «зэ­хуагъэдалъэу я джатэ, лъэпкъхэм яджыжыр я тхыдэр» («Тхьэгурымагъуэм и дерсхэр»). УсакIуэр ди дыгъуасэм хуоплъэкI, гурыIуэ­гъуейуэ щIыщытари къыджеIэ, ауэ абы щIэнакIэркъым.

Ди блэкIа махуэ!
Пхъашэу ущытами,
Гугъэ нэху гуэрхэм
дэ дыкърихьэкIт.

Сонэми иIэщ лъэхъэнэхэр щызэхьэлIа усэ Iэрамэхэр, абыхэм ятелъщ, дэри гу зэрылъыттащи, пасэу «Iэпэгъу къищIа» философием и нэпкъыжьэ. Ар Абдулчэрим и усыгъэхэм ­ягъуэта, нэ­гъуэщIым емыщхь лъагъуэкIэ адыгэ литературэм къызэрыхыхьа хъэтIщ.
Сонэ Абдулчэрим щIагъыбзэ зыщIэлъ усыгъэми зэрыхуэшэ­рыуэр къигъэлъэгъуащ абы и поэмэ «Къуалэбзу джэгуа­кIуэхэр» жы­хуиIэм. А фIэщыгъэращ иIэри усакIуэм и ещанэ тхылъу 1998 гъэм къыдэкIам. Поэмэр сатирэу тхащ. Аллегорие мардэм йоувэ. Къуалэбзу джэгуакIуэхэм я уэрэд жыIэкIэр къэзыхутэр хьэкIэ­кхъуэкIэ­хэращ. ГурыIуэгъуэ мэхъу поэмэм и мыхьэнэри и сюжетри цIыхухэм я гъащIэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм, псом хуэмыдэу ­къулыкъукIэ лъэкIыныгъэ зиIэхэм, зэрехьэлIар: щэнхабзэм, литературэм я лъагапIэхэр абыхэм я Iуэху еплъыкIэм елъытауэ къы-щIокI куэдрэ. Тау­рыхъыу тха поэмэмкIэ уса­кIуэм ди фIэщ ещI жылагъуэ ­гъащIэм хабзэр, гъэсэныгъэр, дахагъэр щызэмыгъусэмэ, щэн­хабзэри литературэри бгъун­лъэнкIэ зэрыхъунур.
Гу зылъытта унэтIыныгъэхэм ящIыгъущ усакIуэ Сонэ Абдулчэрим и адыгэбзэр зэрыкуур, зэрыжаныр, и сатырхэм гур зэрахьэхур, зэдзэкIакIуэфIу зыкъызэригъэлъэгъуар, лирикэ теплъэ­гъуэхэр, сурэт трихам хуэдэу, къызэрехъулIэр.
Адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыдокIуэкI лъэпкъым и гум щигъафIэм хуэфащэ псалъэ екIу хужызыIэм щIыхь ­хуащIу. 1975 гъэм «Дзапэ уэрэд» жиIэу япэу къыдигъэкIа тхылъым ит, уэрэд цIэрыIуэ дыдэу лъэпкъым ноби Iурылъ, адыгэшым и образыр къыщыгъэлъэгъуа «Шагъдий» усэм фIэкIа имытхами, Сонэм а щIыхьыр и лъэпкъэгъухэм я пащхьэ къыщихьащ. Абы и шагъдийм зиукъуэдиящ, адыгэбзэм и пщIэр къэзыIэт усыгъэ купщIафIэхэр и фIалъэхэм къыщIэлъэту.

БЖЭНЫКIЭ Мухьэб,
публицист, критик.
2012 гъэ

Сонэ  Абдулчэрим  и  усэхэр

Дзапэ  уэрэд

Си лъэпкъ тхыдэрщ си дзапэ уэрэдыр,
Ар пшыналъэу гущIэми къоIукI.
А уэрэдым къожьу мывэдухэр,
И макъамэ лъэщым псэр дохъуэпскI.

Уэрэдыр зыусауэ Iэ лэрыгъухэм
ПхъэIэщэкI-къалэмкIэ ар ятхащ,
Щхьэмыгъазэу хэту зауэ Iугъуэм
Жыр джатэ IугуакIи зэхалъхьащ.

Иджырейхэм пащэ а уэрэдым -
Адыгэм щIэныгъэр и къалэмщ.
Дыщэ Iэпэщ, ей, си лъэпкъ цIыкIу уардэр -
Зыдехь нобэ пщэдейрей къалэн.

Си лъэпкъ тхыдэрщ си дзапэ уэрэдыр;
Илъэс мин зыбжанэм ар я макъщ.
Тхыдэ инхэр мы дунейм щыкуэдми,
Сыхуэхъуапсэ мыхъумэ,
СыблэхъуэпсыкIакъым сэ ди лъэпкъ.

Iубыгъуэ  закъуэ

ФIыщэу солъагъур зы фадэ,
Ар щымыIэххэ зыхуэдэ;
КъызыхащIыкIыр сымыщIэ -
Тхьэ закъуэракъэ ар зыщIэр.

Сопсэу сIэщIэту Iэгубжьэ,
Ар къыздокIуэкIыр си ныбжьым.
Абы ит фадэр ар - гъащIэщ.
Сыт хуэдиз итми, сфIэмащIэщ.

ПшэкIэплъу, фадэр фIэрафIэщ,
ДыгъэпскIи псэр егъэгуфIэ;
Гурыгъу-гурыщIэр я шхуэIуу
ЦIыху цIыкIур итщ абы и Iуэм.

Вагъуэр Iэгубжьэм щоджэгур,
УщегъэбжьыфIэ уанэгум;
И жейри фом йоIэфIэкIыр,
Уикъуни лъокIыр хьэ къукIэу.

Ей, гъащIэ - фадэу гъуэзэджэ,
Тхьэм и Iэмыру телъыджэ,
Уи лъащIэр куумэ - насыпкъэ,
Тхьэр схуэгъэпэжмэ - хьэлэлкъэ.

Iэмал диIэххэу тхулъэкIмэ,
Дынэмысынут и лъащIэм.
Ар Iыхьэ дапщэ ипщIыкIми,
Iубыгъуэ закъуэу мэкIуэщIыр.

Уэшх  нэужьым - си  лъахэр

Уэшхым егугъуу зэщIигъэпскIауэ,
ЗэщIобэукIыр щIыгуу щэджащэр.
И гур пэщыхукIи щIэхъуэпскIыкIауэ,
Пшэ бацэр епхъыр щхъуэпсыр зи фащэм.

ПфIощI ираIауэ ихъуреягъкIэ:
КъэкIыгъэ цIыкIухэм щхъуантIагъэр щызи!
Хьэуари хъуащи къэуат салъкъынкIэ,
Псынэпсым хуэдэу уи Iум йожабзэ.

Удзыпэ къэси, жыг тхьэмпэ псоми
Гъуджэ-ткIуэпс цIыкIухэр псыпсу яфIэскъэ;
ТкIуэпсхэм къащIопсэ дыгъэпс къепсыхри,
Псырылъэ псыгъуэу бзийхэр ирашкъэ.

Нэм къыщIэджагуэу, псэри дихьэхыу…
«ТхьэIухуд» псалъэр лъахэм хуэфащи!
ГурыщIэ дамэм уафэм сыдихыу,
ГъащIэр уи дежым тIэкIу щыIэфIыщи!

Хабзэщ ягъафIэм фIыр хузэблахыу,
БлагъэфIхэр зиIэм и кIэн къикIакъэ:
Мес лэгъупыкъуу Iупэлэ дахэр
Уафэм кърахри щIым къратакъэ!

Сонэ  Абдулчэрим  и  пшыхьым  усакIуэ
Тхьэзэплъ  Хьэсэн  къыщопсалъэ.
  2012  гъэ

«Адыгэ Хасэ» литературэ гупым хэтхэр.  КъБКъУ, 1966  гъэ

Поделиться: