ГъащIэм и бэIутIэIу куэд зыгъэва

ЩакIуэ Талъостэн къызэралъхурэ илъэси 130-рэ ирокъу
 

Мы махуэхэм илъэси 130-рэ ирокъу адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, лъэпкъ узэщIакIуэ ЩакIуэ Талъостэн къызэралъхурэ. Ар 1890 гъэм Шэджэм Езанэ къуажэм къыщалъхуащ, абы дэт класситI школым щеджащ, 1918 - 1920 гъэхэм Дзэ Плъыжьым къулыкъу щищIащ. ЕгъэджакIуэхэр, иужькIэ журналистхэр, кооперацэм и унафэщI лэжьакIуэхэр щагъэхьэзыр курсхэр къиухащ.
ЩакIуэм усэн щIидзащ революцэм и япэ илъэсхэм, ауэ къэбэрдей тхыбзэр зэрызэфIэмыувам къыхэкIыу, а зэманым итхам я нэхъыбэр фIэкIуэдыжащ. 1923 гъэм и пэщIэдзэхэм Талъостэн «Къэбэрдей Плъыжь» газетым и корреспонденту щытащ, Къэшэж ТIалиб, Къуэжей Сосрыкъуэ, Къущхьэ Ибрэхьим сымэ ядэлэжьащ. Ди тхыбзэр зэфIэува нэужь, абы и IэдакъэщIэкIхэр къытехуэу хуежьащ «Къэрэхьэлъкъ» газетым.
1918 гъэм Дзэ Плъыжьым хыхьэри, ЩакIуэр абы хэтащ граждан зауэр иухыу совет властыр Къэбэрдейм щыувыху. 1920 - 1923 гъэхэм щIэныгъэ щызэригъэгъуэтащ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр курсхэм. 1924 гъэм Талъостэн щIэтIысхьащ журналистхэм папщIэ Дон Iус Ростов дэт илъэс еджапIэм. Ар къиуха нэужь, аргуэру газетым щылэжьащ.
1930 гъэм ЩакIуэм къеух сату IэнатIэм и унафэщIхэр щагъэхьэзыру Ленинград дэт еджапIэр икIи «Къэббалъкъпотребсоюзым» ягъакIуэ. 1932 гъэм тхылъ тедзапIэм мэуври, зы илъэс нэхъ дэмыкIыу «Япэ лъэбакъуэ зычахэр» и поэмэр къытохуэ. 1937 гъэм ЩакIуэр НКВД-м игъэтIысри, илъэсиплIкIэ щысащ.
Зауэ зэманым ар гъэрэщым къихутащ, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм яхуэлэжьэн зэримыдам къыхэкIыу. Нэмыцэхэр щрагъэкIуэтым, гъэрэщым щаIыгъхэр зэтраукIэу хуожьэ. Ауэ, и насып кърехьэкIри, цIыху гуп и гъусэу Талъостэн къыщIопхъуэж.
Ди хэкум бийр ирахужа нэужь, ар жыджэру яхэтщ газетыр къызэзыгъэпэщыжхэм, 1943 гъэ пщIонди абы щолажьэ. Ауэ, пцIы къытралъхьэри, ЩакIуэр аргуэру ягъэтIыс. 1949 гъэм Къэзан лъэхъуэщым щигъуэта фэбжьым и зэранкIэ ар илъэсипщIкIэ Iэрызехьэу, къэмытэджыфу пIэм хэлъащ.
1956 гъэм СССР-м и Суд нэхъыщхьэм ЩакIуэр хей ищIыжауэ щытащ япэуи етIуанэуи щIагъэтIыса IуэхухэмкIэ. Апхуэдэуи ар хагъэхьэжащ 1934 гъэ лъандэрэ зыхэта партми, СССР-м и ТхакIуэхэм я союзми. ЩакIуэ Талъостэн Исхьэкъ и къуэр дунейм ехыжащ 1972 гъэм.
ГъащIэм и бэIутIэIу куэд зыгъэва ЩакIуэ Талъостэн адыгэ литературэм хилэжьыхьыфыну куэд, ди жагъуэ зэрыхъущи, къэнащ. Абы къыдигъэкIар тхылъищ къудейщ. И Iэдакъэм къыщIэкIа усэхэм щыщ щIэджыкIакIуэхэм фи пащхьэ идолъхьэ
.

ЩАКIУЭ Талъостэн

ШЭДЖЭМЫЖЬ IУФЭ

Шэджэмыжьыр
ИжькIэ ябгафэт,
Уэ и бгъафэм
ЖылитI дыщIалъхуэ.
Дызылъхугъэр
Къэрэхьэлъкъ унэт.
Дыунэнут,
Гъуэгу къыдамыт.
Гъэм долIыщIэ,
Тумэн къыдат.
Ар подэтым
ПыдогъэтIыс.
Ди гъэ Iусыр
ЩIыхуэу къыдощтэ,
Бейм бэджыхъыу
ДызэщIищтащ…
Пащтыхьыжьым
И хьэжь гъэшхахэр
Старшинауэ
Къытхуагъэлъагъуэ.
ЖылагъуитIыр
Дызыщагъэгугъыр
Алътудокъуэу
Хьэцу лъэбышэт.
Хьэцу лъашэр
Уи шыбгырыст,
Къуажэ Iуэхум
Ар хунэмыст.
Сабэ щхьэлти,
Пощтзешэ гъуэгум
Гу техьамэ,
Пшагъуэу зеIэт.
КъытIуроуэ,
Зыхеуэ ди гум,
Ди тхьэмбылым
Жьэн уз егъуэт.
Уэрам зэвхэм
Унэуэ тетхэр
ЩIым хэтIауэ
ХуэятIэ лъэгущ,
Чы-бжэгъу блыным
И зэхуэдитIым
ПкъоуитI хэтщи,
ПщэфIапIэщ, жьэгущ…
Шэрхъ дэпкIакIэ
ЩIытIыжь бэнзэвхэм,
Выми лIыми
ХудэмыгъэкI.
Куэншыб фахэм
Къахих мэ Iувым
Iур еубыдыр,
УблимыгъэкI…
1917

ЩIАСЭ

ЩIасэм ухуеймэ,
фIыуэ плъагъу пщащэм пэIэщIэ!
Уи гур къолъэIукIи,
ар зыщIэхъуэпсхэр хуумыщIэ!
ХамэхукIэ, щIасэм,
малъхъэдис щIыкIэу, уехьэху.
Ар псэм и хуабэщ,
гупсысэ закъуэу зепхьэху!
Нэм пэщIэхуамэ,
сыт хуэдэ Iуэхури щэхужкъым,
Уи Iэм къихуамэ,
щIасэр уэр папщIэ щIасэжкъым…

I
ЩIасэр зищIысыр
къищIэну си псэр мыпыIэ.
Iууэну фIэщIмэ -
си гум «нэгъазэ!» къызжеIэ.
Сыт техьэ-текIыу
си псэри сигури щIипкI-щIилъыр,
Сыт, малъхъэдису,
сызщIишэу щIасэм нэхъ хэлъыр,
Сыт апхуэдизу
сигу зыхуилъэту а щIасэр,
Нэкурыс вагъуэу,
Нэрымылъагъуми, си гъусэр?
Пэжщ ар си гъусэр,
спэIэщIэхункIи нэхъ благъэр.
Укъэмынэжмэ,
жэщ нэхъ гъуэхсэхми хэслъагъуэр.
Ар хэт а щIасэр?
Ар пщащэу пIэрэ е хур?
Е сыт зищIысыр -
а пщащэм щхьэщихыу щыт нур?

II
Зыкъомым щIасэм, -
«ар лъагъуныгъэщ» хужаIэ.
Хэти, «ар нурщи,
уи гур етхьэкъур» къызжаIэ.
Хьэуэ, жызоIэ:
ар нурми хурми сызыщIешэ,
Си гум хыхьауэ
Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэхуешэ,
Сешэ слъэмыкIыу,
сэ си пIэм бжьизкIэ симыкIыу.
МакIуэ езыри,
лъэмбытIкIэ сяпэм имыкIыу.
Ауэ, щIым нэскъым,
ар хьэуам хуэму хосыкI.
СыщIохьэ, сопхъуэ,
бахъэу си Iэгум йосыкI.
Си макъым къихькIэ
«щIасэ!» жызоIэ, сокIий.
Мы жея пщIыхьыр
зэ къыптекIуамэ, сыту ткIий.
Сыту лъэщ а щIасэр,
аслъэну уетхъри, Iуэху пщыхъум.
Сыту ещхьыщэ
мэракIуэ фэпсу пкъуз мыхъум…

III
Зэгуэрым силът сэ
дахэм и куэщIым гууэщIу.
А тхьэIухудри
къысщыгуфIыкIырт гумащIэу.
Сыхуэнэпсейуэ
зэпызоплъыхьыр сэ пщащэр:
Зэхэлъщ ар нуру,
хуру, хъыджэбзу дахащэр…
Си гум сфIыжеIэр:
«мыбы ухуеймэ, пэIэщIэт.
Сэ сынолъэIукIи
сызыщIэхъуэпсхэр схуумыщIэт.
Гупсысэ закъуэу
зепхьэхукIи щIасэр щыIэфIыр,
Ар гухэлъ щэхуу
 пхузехьэу щытми нэхъыфIыр».
Хьэуэ, щэхужкъым,
си нэм къищтакIэщ а нурыр,
СхуэутIыпщыжынкъым,
Iэгум къихуакIэщ а хурыр.
Арти, сымыщIэу
сызыщIэзышар сэ, а нагъуэр,
Си гум нэхулъэу
къыщилъэтыхьу ит вагъуэр,
А зэфэзэщу
малъхъэдис защIэу зэхэлъыр,
Мис, насып тыгъэу
гъэр къысхуэхъуауэ сIэщIэлъыр,
Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым
хуэшыр хэкIыу къысфIощIыр,
Си бзэри нэхъ хуиту
хъужауэ дахэм соупщIыр:
 - Ухур уэ хьэмэ ущIасэ?
КъызжеIэ, кхъыIэ.
Езыми жеIэ:
- УщIасэм, сэри сыщIасэщ!..

 IV
Чэф гукъыдэжу,
Iэджи сIыгъыу зэгуэр
Хадэ ихьэпIэм
сыщегъэувыIэ фыз гуэр.
Нагъуэ пIащитIым
нэпсыр къыщIэхуу къызоплъ,
ЦIыхуу зэблэкIыр,
Iуэху дащыхъуауэ, къыдоплъ.
IэщIэлъ сабийри
езыри фаджэщ, ныбаджэщ.
Укъэмынэжмэ,
а сэ слъагъуитIыр сымаджэщ…
ЦIыхубзым и нэгу
сызэриплъэххэу, созджыздж.
ЗыIуезгъэхынути,
цIыхухэм хузощIыр Iулыдж.
Сыт апхуэдизу
сыщIыфIэлIыкIыр а нитIым?!
Сыт хузиIуэхур
мыбдеж си пащхьэм къититIым?!
Хьэуэ, хур пэщIу
щыта цIыхубзым къызжеIэ:
 - ПщIэжрэ бжесIауэ:
ущIасэм, сэри сыщIасэу,
Хэт зи унэхъугъуэу
уэ нобэ гуэрым бгъэщIасэр?!
Ухейм улъэщщ, жи,
фызым и Iуэхур къащIащ.
Псалъэ жамыIэу
нэкIэ си судыр ящIащ…
Мис а сыхьэтым
щIыр зэгуэчамэ, сихьэнт,
ЕмыкIу пшыныжу
си щхьэр шэсыпIэ ислъхьэнт.

Уэркъ Жыраслъэн.
Поделиться: