Тхыдэдж щэджащэм и щIэиныр

ЩIэныгъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым иджыблагъэ щекIуэкIащ щIыналъэпсо щIэныгъэ конференц. «Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ епха Iуэхугъуэхэр» фIэщыгъэр зиIа зэхуэсыр ирагъэхьэлIат КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Къэжэр Валерэ Хьэшыр и къуэр къызэралъхурэ илъэс 70 щрикъуам. Конференцыр къызэгъэпэщыным икIи къызыхуэтыншэу егъэкIуэкIыным зэфIэкIышхуэ ирахьэлIащ институтым и унафэщIхэм, абы тхыдэмкIэ, этнологиемрэ этнографиемкIэ и къудамэхэм я IэщIагъэлIхэм. Ди лъэпкъ щIэныгъэлIхэм нэмыщI, абы и лэжьыгъэм хэтащ Москва, Санкт-Петербург, Черкесск, Мейкъуапэ къалэхэм къикIа хьэщIэ лъапIэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и аспирантурэм щеджэхэр.

Конференцыр къызэIуихащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Дзэмыхь Къасболэт. Абы фIыщIэ ин яхуищIащ лъэпкъ щIэныгъэлI пажэхэм ящыщу щыта Къэжэр Валерэ и фэеплъу къызэрагъэпэща зэхуэсым зыкърезыгъэхьэлIа псоми. ИкIи къыхигъэщащ Къэжэрым Iуэху зехьэкIэу бгъэдэлъар, дуней еплъыкIэу иIар щIэныгъэм гъуэгу щыпхызыш ныбжьыщIэхэм я дежкIэ хуабжьу щхьэпэу, гъуэгугъэлъагъуэу зэрыщытыр. АдэкIэ Дзэмыхьыр къытеувыIащ Къэжэр Валерэ и гъащIэмрэ щIэныгъэ лэжьыгъэмрэ.
- Къэжэрыр ящыщщ ди республикэм и щэнхабзэмрэ и щIэныгъэмрэ я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа еджагъэшхуэхэм. Кавказыдж Iэзэр, адыгэхэм ди тхыдэмрэ этнологием-кIэ IэщIагъэлI щыпкъэр IуэхугъуэфI куэдым къыхуигъэщIа щIэныгъэлI нэст, къызыхэкIа лъэпкъым и щIэинхэм папщIэ гууз-лыуз зиIэ хэкупсэт, - къыхигъэщащ Дзэмыхьым. - КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие къудамэр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, щIалэщIэр абдежым къыщыувыIакъым. Бгъэдэлъ щIэныгъэмрэ Iэзагъымрэ адэкIэ хигъэхъэун мурадкIэ, Валерэ щIэтIысхьащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Миклухо-Маклай и цIэр зезыхьэ и этнографие институтым и аспирантурэм икIи студент илъэсхэм иублауэ щыта къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэм абы щыпищащ. Ахэр къыщызэщIикъуэжа «Сельская община у адыгов в первой половине XIX в. (поземельные отношения)» диссертацэр (щIэныгъэ унафэщIу щытар кавказыдж цIэрыIуэ, еджагъэшхуэ Гарданов Валентинщ) ехъулIэныгъэкIэ Москва щыпхигъэкIри, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат цIэр къыфIащащ Къэжэрым.
1980 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 35-м нэскIэ Къэжэр Валерэ щылэжьащ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым, япэщIыкIэ лаборант нэхъыжьу, иужькIэ институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэу, этнографиемкIэ къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу. I993 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 20-м къриубыдэу Валерэ лэжьащ институтым тхыдэмкIэ и къудамэм и унафэщIу. Къэхутэныгъэ куухэм дапщэщи дахьэхыу щыта щIэныгъэлIыращ, Дзэмыхьым зэрыжиIамкIэ, япэу и гугъу зыщIар къэбэрдейхэм я феодальнэ псэукIэ-зэхэтыкIэм пыщIауэ щыта гугъуехь инхэм, ХIХ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм адыгэхэм я жылагъуэ гъащIэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм набдзэгубдзаплъэу ириплъэжурэ. ИужькIэ «Кризис традиционного феодализма в Кабарде» (1986 гъ.) и лэжьыгъэм ар зыубгъуауэ щызэпкърихащ абы. А Iуэхугъуэм теухуауэ илъэс куэдкIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр Къэжэр Валерэ щызэхуихьэсыжауэ щытащ «Адыгская хаса. Из истории сословно-представительских учреждений феодальной Черкесии» (Налшык, 1992 гъ.), «Адыгская вотчина. К проблеме основной социальной единицы адыгского феодального общества» (Налшык, 1993 гъ.)
- Къэжэрым и нэIэм щIэту а илъэсхэм институтым лэжьыгъэшхуэ зэфIэха щыхъуащ Кавказ Ищхъэрэм, ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэ гъуэгуанэр джыным епхауэ. СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием ЭтнографиемкIэ и институтым и докторанту щыта Къэжэрым 1994 гъэм утыку ирихьащ «Традиционные общественные институты кабардинцев и их кризис в конце XVIII - первой половине XIX вв.» и доктор диссертацэр, - пищащ и къэпсэлъэныгъэм унафэщIым. - А лэжьыгъэ купщIафIэм ди лъэпкъ тхыдэм щыщ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр щызэкIэлъихьащ Валерэ. Москва ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIа а монографием Къэжэрыр тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор ирихъуащ. А къэхутэныгъэ иным икIи цIэрыIуэм папщIэ щIэныгъэлIым КъБР-м и Къэрал саугъэтыр 1997 гъэм къыхуагъэфэщащ. ИужькIэ къыфIащащ «КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъагэри. Апхуэдэ, нэгъуэщI лэжьыгъэ купщIафIэ куэди зи къалэмыпэм къыпыкIа щIэныгъэлI щыпкъэр, цIыху гуапэр, жаныр 2013 гъэм зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ. КъигъэщIари илъэс 63-рэ къудейщ лэжьыгъэм зэи къыпимыкIуэта, гупсысэщIэхэр, мурадыфIхэр зи куэду щыта ди ныбжьэгъуфIым.
АдэкIэ псалъэ иратащ совет, урысей этнолог, этнограф, археолог цIэрыIуэ, УФ-м и Этнологхэмрэ антропологхэмрэ я зэгухьэныгъэм и япэ президенту щыта, РАН-м Этнологиемрэ антропологиемкIэ и институтым Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр джынымкIэ и къудамэм и унафэщI, Москва къэрал университетым и профессор Арутюнов Сергей. Зэхуэсым кърихьэлIахэм защыхуигъазэм, абы къыхигъэщащ Къэжэр Валерэ хуэдэ щIэныгъэлI зиIэ лъэпкъым къэкIуэну дахэ, зи тхыдэр зыщIэж щIэблэ узыншэ къызэрыщIэхъуэнум шэч къызэрытримыгъэхьэр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым ис щIэныгъэлIхэм куэд лъандэрэ сапыщIащ сэ. Япэу нэIуасэ къысхуэхъуар адыгэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Бгъэжьнокъуэ Барэсбийщ. Абырэ сэрэ лэжьыгъэ щхьэпэ куэд щызэфIэтхащ Этнологиемрэ антропологиемкIэ институтым. Нэхъ иужьыIукIэ лэжьыгъэкIэ пыщIа къытхуэхъуащ икIи илъэс куэдкIэ Iуэхугъуэ куэд зэгъусэу зэфIэтхащ Къэжэр Валерэрэ сэрэ. Ар апхуэдизу набдзэгубдзаплъэу, жэуаплыныгъэр зыхищIэу лэжьыгъэм пэрытти, ди институтым штатым хэмыт ди IэщIагъэлIу фIэкIа умыщIэну къытпыщIат. А зэманым ди IуэхущIапIэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм, пэжу жыпIэнумэ, Валерэ и фIыгъэ куэд хэлъщ, - жиIащ Арутюновым. - Ди зэхуэзэхэр дапщэщи купщIафIэт, хьэлэмэтт. Дэ къэтIэтырт Кавказым ис лъэпкъхэм я тхыдэм, щэнхабзэм, социальнэ Iуэхухэм, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ яку дэлъ зэхущытыкIэхэм, я гъунапкъэхэм епха псалъэмакъхэр. Валерэ и щымыIэжыныгъэр хэщIыныгъэшхуэщ къэрал щIэныгъэм дежкIэ. Къэжэрыр къыщытхэта, къыщыддэлэжьа лъэхъэнэр IэфIу дигу къинэжащ. КъэхутакIуэ Iэзэм, щIэныгъэлI цIэрыIуэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм и Iуэхур зыгъэкIуэтэфын адыгэхэм къызэрыфхэтыр си фIэщ мэхъу.
Арутюновым и псалъэм пищэу, конференцым къыщыпсэлъащ Санкт-Петербург къэрал университетым ТхыдэмкIэ и институтым и доцент, «Кавказым и этнографие» предметыр студентхэм езыгъэдж, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Дмитриев Владимир. Ари гуапэу тепсэлъыхьащ щIэныгъэлI щыпкъэу, къэхутакIуэ емызэшу, ныбжьэгъу пэжу яIа Къэжэрым.
- Тхыдэдж гъуэзэджэу щыта Валерэ къытхуигъэна и щIэныгъэ щIэиныр лъэщщ, гъунапкъэншэщ, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щыIэкIэ-псэукIэр джынымкIэ хэлъхьэныгъэшхуэщ. Къэжэрым зэфIиха и къэхутэныгъэхэр, абы и къалэмыпэм къыпыкIа щIэныгъэ тхылъхэр хуабжьу сэбэпышхуэщ Кавказым ис лъэпкъхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ епхауэ езгъэкIуэкI лэжьыгъэхэмкIэ, - къыхигъэщащ Дмитриевым. - Апхуэдэхэм я лъэужьыр куэдрэ кIуэдыркъым.
Арутюновымрэ Дмитриевымрэ конференцым зэрыхэтар Интернетым и IэмалхэмкIэщ.
Къэралпсо цIэрыIуагъ зиIэ тхыдэджхэм къакIэлъыкIуэу псалъэ иратащ Уэзы ФатIимэ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор хъуагъащIэ бзылъхугъэ цIыкIур, Къэрэшей-Шэрджэсым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым тхыдэмрэ археологиемкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэр, къызэхуэсахэм ядэгуэшащ Къэжэр Валерэ теухуа и гукъэкIыжхэмкIэ.
- Си доктор диссертацэр щызгъэхьэзырым щыгъуэ, Къэжэр Валерэщ сэ щIэныгъэ чэнджэщэгъуу сиIар. Куэдрэ дызэхуэзэну, дызэдэлэжьэну Тхьэм иухатэкъым (лэжьыгъэр нэзмытхысу ар дунейм ехыжат), итIани а зэман мащIэм къриубыдэу абы хузэфIэкIащ езгъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу яIэн хуейхэр иубзыхун, чэнджэщ купщIафIэхэр къызитын. Абы зэрыжиIэмкIэ, езым и диссертацэр мази 3-м къриубыдэу итхауэ щытат, апхуэдизу а псори и гупсысэм щызэригъэзэхуауэ къыщIэкIынти. Сэ сехъуапсэрт Къэжэрым, апхуэдэ зэфIэкI лъагэ зэрыбгъэдэлъым папщIэ, апхуэдэуи сыгушхуэрт а щIэныгъэлI щэджащэм и нэIэм сыщIэту си лэжьыгъэр згъэзэщIэну Тхьэшхуэр къызэрысхуэупсам щхьэкIэ, - жиIащ ФатIимэ. - Сэ куууэ щыгъуазэ зыхуэсщIауэ щытащ си унэтIакIуэм и щIэныгъэ лэжьыгъэ псоми. ЖысIэнуращи, Къэжэр Валерэ и щIэиныр гъунапкъэ куэд къызэщIэзыубыдэ щIэныгъэщ. Дыгъэм пэлъыд псы ткIуэпс пIащэхэм хуэзгъадэ а лэжьыгъэхэр лъэпкъ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я напэкIуэцIхэм ящыщщ, абыхэм я гъунэхэр дэзыгъэлъагъу къэхутэныгъэ къызэрымыкIуэхэщ. ЖысIам щыхьэт техъуэ щапхъэхэр куэдщ. Апхуэдэщ, къапщтэмэ, Къэжэрым IупщIу зэрызэхигъэкIыфар зы адыгэ щIыналъэу ипэкIэ щыта ди хэкур демократиер щызэлъыщIэса Шэрджэсрэ аристократием зыщиубгъуа Къэбэрдейуэ зэщхьэщыкIауэ зэрыщытар. Аращ и щхьэусыгъуэр а щIыналъэхэм щекIуэкIа социально-политикэ зэщIэхъееныгъэхэм я пашэу щытахэри лъэпкъ лIакъуэ зэхуэмыдэхэм къахэкIауэ щIыщытари: Шэрджэсым - мэкъумэшыщIэхэр, Къэбэрдейм - феодалхэр. Апхуэдэ къэхъукъащIэ куэдым я IункIыбзэIухщ Къэжэрым и къалэмыпэм къыпыкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр.
Уэзы ФатIимэ и къэпсэлъэныгъэ гъэщIэгъуэным хуэдэу купщIафIэт тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я этнологиемрэ тхыдэмрэ, жуналистикэмкIэ и кафедрэм и унафэщI ТекIуий Мадинэ ейри. Урыс-Кавказ илъэсищэ зауэм и лъэхъэнэм а зэпэщIэувэныгъэ иным хэта лъэпкъхэм яку дэлъа щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэмрэ абыхэм яку къыдэхъуа зэхущытыкIэхэмрэ ятеухуат ар. Апхуэдэу конференцым кърихьэлIахэм яфIэхьэлэмэтащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и IэщIагъэлIхэу, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидатхэу этнологиемрэ этнографиемкIэ къудамэм и унафэщI Прасолов Дмитрийрэ курыт лIэщIыгъуэмрэ иджырей тхыдэмкIэ къудамэм и пашэ Къуэжей Заурбэчрэ ящIа докладхэр. Ахэр тепсэлъыхьащ еджагъэшхуэм щIалэгъуалэм ящыщу нэхъыфIхэр щIэныгъэм и гъуэгум тешэным гулъытэ ин хуищIу зэрыщытам, КъБИГИ-м аспирантурэ 1996 гъэм къыщызэIухыным къаруушхуэ зэрырихьэлIам. Къэжэрым и еплъыкIэщIэхэр и гъэсэнхэм я мызакъуэу, IэщIагъэлI куэдым къызэдащтауэ зэрыщытри, и дэтхэнэ лэжьыгъэми щIэупщIэшхуэ ноби зэриIэри, езым и щIэныгъэ школ зэриубзыхуари къыхагъэщащ абыхэм.
Конференцыр махуэ псокIэ екIуэкIащ. Абы и пленарнэ Iыхьэм къыкIэлъыкIуащ секцэ зэмылIэужьыгъуэхэм щекIуэкIа лэжьыгъэхэр. Апхуэдэу щхьэхуэу лэжьащ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я секцэри.
ЩIэныгъэ зэхуэсым къыщаIэта Iуэхугъуэ псори къызэщIикъуэжу, абы и кIэухыу псалъэ къищтащ институтым и унафэщIым. Абы фIыщIэ ин яхуищIащ конференцым хэта псоми икIи жиIащ ди къэралми нэгъуэщI щIыпIэхэми я еджагъэшхуэхэм я деж пщIэшхуэ щызыгъуэта «Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ епха Iуэхугъуэхэр» лэжьыгъэ телъыджэр дунейм къытехьэным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIахэм ящыщ Къэжэр Валерэ Хьэшыр и къуэм и IэдакъэщIэкIхэр иджырей кавказыджхэм хуабжьу къазэрыхуэщхьэпэр, ахэр зэманым фагъуэ дэмыхъу къэхутэныгъэ куууэ зэрыщытыр.
Хьэлэмэтт икIи купщIафIэт щIэныгъэлIым и фэеплъу къызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэри. Абы щызэхуэхьэсат Къэжэрым и къалэмыпэм къыпыкIа тхылъхэр, тхыгъэ щхьэхуэхэр, сурэтхэр, щIэныгъэлIым и лэжьыгъэм епха статьяхэр, нэгъуэщIхэри.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: