И напэ емыплъыжу лъэбакъуэ зымыча IутIыж Борис

Зи гуащIэм утепсэлъыхькIэ пхуэмыухщ, пщIэуэ хуэпщIымрэ зэрыбгъэлъапIэмрэ къилэжьым ефэгъуэкI зэпытщ тхакIуэ, усакIуэ, драматург телъыджэ, сурэтыщI IутIыж Борис.
ФIыуэ тцIыхуа, лэжьапIэми зэIущIэ зэхуэмыдэхэми куэдрэ дызыщрихьэлIэу щыта нэхъыжьыфIым и тхыгъэхэр зэрыгъуэзэджэми, и адыгэбзэр зэрышэрыуэми, унэтIыныгъэ IэджэкIэ и зэфIэкIыр зэрыинми куэдым и гугъу ящIащ, и цIыху щIыкIэми тепсэлъыхьащ. ЗэкIэ и тхыгъэхэм хуэфащэ гулъытэ ягъуэтауэ, зэпкърахауэ, щIэныгъэ лэжьыгъэхэр траухуауэ пхужыIэнукъым, атIэми ахэр псалъэ лей хуэмыныкъуэщ.
ЖызмыIэн слъэкIынукъым, узыфIэзыгъэлIыкI лIы Iущу Борис зэрыщытар. АпхуэдизкIэ угъурлыфэт, теплъафIэти, жыпIэнуракъэ, уитхьэкъурт, псалъэу къыжьэдэкIым мыхьэнэ ящIэлъти, цIыхухэм япхъуатэрт.
Дунейм зэрехыжрэ илъэсипщI дэкIыжами, IутIыжыр нэгум щIэтщ, цIыхупсэхэм къыхэнащ, и тхыгъэхэр лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэс зэрыхъуам и щыхьэту. Зэманым жьы дэмыхъу, адыгэбзэм и мэ гуакIуэр къыпщIезыгъэхьэ защIэщ Борис и къалэмыпэм къыщIэкIхэр. Нобэ ди гуапэу тыдодзэ абы нэхъ пасэу итха и усэхэм ящыщ зыбжанэ.

ИСТЭПАН  Залинэ.

ДАХАГЪЭ
1
 

Мывэ хужьым къыхащIыкIыр
Бзылъхугъэ сурэт.
Месыр – нитIыр къогуфIыкIыр,
БгъитIри къыхокIуэт.
НаIуэ къохъур Iэблэ кIыхьхэр,
Шхужь хъурейр къыхощ.
Хы толъкъуным и куэ щызхэр
КъыхэкIуэту пфIощI.
Тохуэ уадэр гугъэзагъэу, -
Щыкъуей куэд мэлъей…
Дунейм мащIэ телъ дахагъэу:
ГуэгъэкI закъуэ лейр!

2

Дахагъэр псоми къыдолъыхъуэ,
Дунейм и къуагъхэм дыкъуоплъыхь.
КъытфIощIыр гъащIэр хъуа зэшыгъуэ,
Дытхьэусыхэу къыдокIухь.
АрщхьэкIэ щыIэщ а Дахагъэр.
Дапщэщи. Дэни. Къэлъагъуф!
Уи гущIэм исмэ псэ щIыIагъэр,
Къоубзэу щытми, къихужыф.
ИтIанэ уи гур къэпсэлъэнущ:
«Зэрыдахащэ мы дунейр!»…
ЖысIар уи фIэщ сэ ирисщIыну
Зы мащIэ дыдэщ сызыхуейр…
КIэлъыплъыт модэ нэр дэкIуатэу
БлэкIа хъыджэбзым. Сыт дэбгъуэн?
И плъэгъуэ закъуэ щхьэкIэ джатэм
Пасэрей лIыхъур пхуфIыхьэнт!
Е мо лIыжь блэкIыр! Мо шы хъуакIуэр!
Мо тхьэмпэр! Мо хьэпшыр щIэпхъуар!
Мо пшэ Iэрамэр! Мо уэшх къакIуэр!
Мо сабий джэгур! Мо щхьэц тхъуар!..
Дахагъэр техуэркъым дунейм, -
ДахапIэр къэгъуэтыф къудей.

1972 гъэ

КЪАЛЭН
 

Дунеижьыр мэкIэрахъуэ шэрхъыу.
ЦIыху къыщалъхур.
ЛIэхэр щыщIалъхьэж.
ПцIы щаупсыр.
Къыщалъыхъуэ пэж.
Лъагъуныгъэ щащIыр.
ЩыщIогъуэж.
Зыр щагъафIэ.
Адрейр щыфIагъэж.
Щхъухьхэр щызэхалъхьэ.
Гуэдз щахьэж.
ГъащIэр щагъэдахэ,
Щакъутэж…
Ауэ зи къалэныр зымыхъуэж
Дунеижьыр мэкIэрахъуэ шэрхъыу.

1964 гъэ

* * *
 

Зешыхь зэманым, цы Iуданэу,
Пщэдейр дыгъуасэм къыгуещыкI…
ПIащIэу, гъэ тIощIрэ епщIанэм
Си гъащIэ нэзыр къыгуешхыкI.
Къыхоплъыр модэ зэман пабжьэм,
Сэрауэ жиIэу, зы лIыжь гуэр.
ЩIодыхьэшхыкIри ар и пащIэм,
СищIыну жеIэ щIэх сэ «гъэр».
КъыхопсэлъыкIыр ар зэманым:
«ЗыпщIыну ухэмыт нэгъуэщI!
Зыпчэтхъэжами, уи къэкIуэнум
Си теплъэ фаджэр и сурэтщ…
ЛIо, укъызоплъри?!
Си псалъэр уи гущхьэм мылу тежыхьа?
Е зумыпэсрэ си теплъэр?
Сыт пщIэн, уэращ ар, хьа-хьа-хьа!...»
Дыхьэшх ухуейми, «си тIуанэ»,
Уи пэжым сищIкъым сэ нэщхъей.
ЩIалэгъуэ алъпым саур уанэр
Тызокъузэжыр сэ, - уи ней!

1970 гъэ

ЩЭХУ
 

Жагъуэгъу, бжесIэни си зы щэху:
Уэ хъунут лъапIэу укъэсщэху…
Насып къэслъыхъуэурэ сешамэ,
Абы си гугъэр хэсхыжамэ,
Уэ занщIэу сигу укъызогъэкIри,
ЗыкъызоIэт. СыныпхуоплъэкIри,
Гъуэгуанэр сокIу, симыIэу псэху,
ЖезмыгъэIэнщхьа уи псэм «уэху!»

1978 гъэ

* * *
 

Щэху псори нахуэ хъууэ щытми,
Къэнэнущ цIыхум и гур щэхуу.
Акъылым шхуэIур иубыдми,
Ар йолъыр, зыри фIэмыIуэхуу.
Ауэ акъылым, лъэкIыращи,
ЕгъэпщкIур гум и мурад щэхухэр.
ЕмыкIур щIакIуэу теубгъуащи,
Нэрымылъагъущ абы и Iуэхухэр.
Щэхущ сабий бжьэфыр зыIурылъыр,
Уи ныбжьэгъу зыми хуумыгъадэр,
Щхьэгъусэ псори щэхущ… ущэхущ уэр дыдэр.
А щэхухэр псори нахуэ хъумэ,
Дунейр къысфIощIыр жэнэт хъуну.
А щэхухэр псори нахуэ хъумэ,
Дунейр къысфIощIыр къутэжыну.

1968 гъэ

ЭЛЕГИЕ
 

Жьы щIыIэ. Пшагъуэ. Бжьыхьэ ятIэ.
Пэш нэщI. Зэшыгъуэ ямылей…
Куэбжэпэм адкIэ нэр мэкIуатэ,
Къилъыхъуэу сфIэкIуэда дунейр…
Зэгуэр мы пщIантIэм къыщыспежьэу
Щыта си анэр щымыIэж.
Кърешыр гъыбзэ ди бжэщхьэIум.
Щхьэгъубжэ кIыфIхэм нэпс щIагъэж.
Щогызыр уаер ди пэшхьэкум.
Блын щIыIэмылхэм зачэтхъэж…
Хуэныкъуэр хэт мы си гум щыщIэм, -
Ар си гум ейщи, иреIэж.
ЩымыIэу зыри сыкъэзыщIэ,
БлэкIа насыпым сыIуощIэж…
Бзу абгъуэ дахэу ди унагъуэр
Си нэгум нобэ къыщIохьэж.
Си адэр къру абрагъуэу,
КъыхокIри пшагъуэм, къолъэтэж.
Жэнэт бзу дахэу къэтIысауэ,
Си анэм Iэджи къызжеIэж.
Гуузу зи гур тIэщIэхуауэ
Си къуэшым пцIащхъуэу къегъэзэж.
ЩIалэгъуэ дахэм си шыпхъуитIыр
Тхьэрыкъуэ пщэхухэу къохутэж…
АрщхьэкIэ зэуэ дуней хуитыр
Пщыхьэщхьэ пшагъуэм хокIуэдэж…
Хуэныкъуэр хэт мы си гум щыщIэм, -
Ар си гум ейщи, иреIэж.
ЩымыIэу зыри сыкъэзыщIэ
БлэкIа насыпыр щIызолъхьэж…
Жьы щIыIэ. Пшагъуэ. Бжьыхьэ ятIэ.
Пэш нэщI. Зэшыгъуэ ямылей…
Куэбжэпэм адкIэ нэр мыкIуатэ:
Абдеж щеухыр мы дунейр.

1983 гъэ

* * *
 

УмыпIащIэ… УпщIыIуж… ЗышыIэ…
Уигу щыс мафIэр сэркIэ нэрылъагъущ.
Ауэ укъэлыду къызжумыIэ:
«Сэ уэ фIыуэ, фIыщэу узолъагъу!..»
Зыущэху. IукIуэт. Къызэплъ. Гупсысэ.
Уи гум щэрэ, минрэ еупщIыж…
Гухэлъ жыгыр джэгуурэ хэзысэм
Джэгуурэ ар и гум къыхечыж.

1967 гъэ

* * *
 

Дэ тIум ди гъуэгухэр зэтехьами,
Ди гугъэр зыкIи зэтехуакъым.
КъыдэхъулIэну ди гугъами,
Зы чысэм ди псэр тхуигъэхуакъым.
ИтIани, сфIэфIкъым узбгынэну,
БлэкIам ди псори къыхэзнэну,
Къыхэзнэпэну щытми, - дауэ:
ЗэхэкIыхьащ ди гъащIэр… Ауэ
ЦIыхуитIым ягу зэбгъэдэкIамэ,
Дуней акъылыр зэхэплъхьами,
Абыхэм яку дэпщэну щагъэу
Къыпхуэгъуэтынур фэрыщIыгъэрщ…
Дыхуейкъым дэ апхуэдэ тыгъэ.
Дяку дэмылъами лъагъуныгъэ,
Дэ ди блэкIам хэлъащ къабзагъэ…
Аращи, фIыкIэ, си щыуагъэ.

1967 гъэ

Сурэтхэр  Журт  Хьэсэн  трихащ.

Поделиться: