Тхыдэ

Адыгэм и бжьахъуэ IэщIагъэр

(лъэпкъ IуэрыIуатэм ипкъ иткIэ)

«...Дунейкъутэж щыхъум, бжьитI - бжьэпщымрэ бжьапцIэмрэ - Мерисэ и Iэгъуапэм зыщагъэпщкIури зыраудыгъуащ. Псори сабырыжу зэтес хъужа нэужь, ахэр зэщIэвууэ къилъэтыжахэщ. Мис абыхэм къатехъукIыжащ нобэр къыздэсым адыгэм бжьэуэ дгъэхъур».

Пщым я пщыж Инал Нэху

Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм хэткъым лIыхъужь икIи пщышхуэ Инал нэхъ цIэрыIуэрэ пщIэ зыхуащIрэ. Абы къехъулIащ адыгэщIхэр къэрал ищIу лъэпкъыр зэкъуигъэувэну.
Инал щыпсэуамрэ и тепщэныгъэмрэ хуэпхь хъунущ 15-нэ лIэщIыгъуэм и пэхэм. Пщышхуэм теухуа тхыгъэхэм уащыхэплъэкIэ, къыбохутэ ар къызытехъукIар адыгэ-мамлюкхэм, Мысырымрэ Щамымрэ тепщэныгъэ щызыIыгъахэм, зэращыщыр. 

Iуащхьэжьхэм я щэхухэр

Сыкъыщыхъуа Зольскэ жылэм и Iуащхьэжьхэм (курганхэр) сызэрысабийрэ сыдахьэхыу щытащ. Ахэр, инхэри цIыкIухэри, къуажэм удэту плъагъурт, Iуащхьи 10 хуэдизи хъурт.

ТIэщIэхуа дуней еплъыкIэм и лъэужь

Шумер-аккад пасэрей тхыгъэхэм куэдрэ уащрохьэлIэ «Адапэ» псалъэм. Адыгэбзэми санскритми абы зы мыхьэнэщ щиIэр: япэрей, псори къызытехъукIыжа адэ. Зи гугъу тщIы тхыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Адапэр хуэм-хуэмурэ Адэм хъуащ. Адыгэбзэми санскритми зэхуэдэу увыпIэрэ мыхьэнэрэ щаIэщ «хьэ» псалъэмрэ, «уа/уэ»-мрэ. А тIур зы псалъэу къыщупсэлъкIэ, дунейм, гъащIэм, фIэщхъуныгъэм, философием купщIэ яхуэхъу цIэ кIэщI – Хьэуа – къагъэщI.

Щолэхъу

Щолэхъу пщы телъыджэу зэрыщытамрэ, пащтыхьым пэжу зэрыбгъэдэтамрэ теухуа тхыгъэ гъуэзэджэхэр щыIэщ. Абы и адэ Щэнджэлей 1624 гъэм дунейм ехыжати, илъэс нэхъ дэмыкIыу, пащтыхь Михаил Федорович и унафэкIэ, Тэрч къали абы и гъунэгъу слабодахэми щыпсэу лъэпкъхэм япщу игъэуващ, и адэм пщIэшхуэ хуащIу, къулыкъур фIыуэ зэрихьэу зэрыщытар къилъытэри.
Щолэхъу пщы къулыкъур къэбэрдейхэми, шэшэнхэми, ингушхэми я деж щызэрихьэну, пащтыхьым и унафэр щигъэзэщIэну, зауэм ишэну, тэрч дзэзешэхэр зригъэкIуэну и пщэ къыдэхуащ.

Адыгэпщ Бэрзэхъурэ Гизольфи лIакъуэмрэ

Къэхъугъэ телъыджэхэмкIэ зи гъащIэр гъэнщIауэ щыта, ныбжьэгъу пэжхэмрэ жагъуэгъу гущIэгъуншэхэмрэ зи бэу дунейм тета, гупсэхугъуэмрэ ажалымрэ я зэхуаку къыдэкIыу къэгъуэгурыкIуа...
Иджырей тхыдэджхэм «ар» зэрамыгъэфIа фIэщыгъэцIэрэ хуамыгъэфэща дзырэ щыIэжкъым. Европэм нэхъ ин дыдэу щыIа Сан-Джорджио ахъшэ хъумапIэм и унафэщIхэм зэрыжаIэу щытамкIэ, щIыхуэм ишхарэ езыр щхьэщытхъу хъужауэ апхуэдэт а нэрыбгэр. 

Щыгъэу зэхэбла тхьэцIэхэр

ЩIыпIэ телъыджэ Гималайхэм щыIэу жаIэ, Шамбалэ и цIэу. А щIыпIэм Тибет щыпсэухэр зэреджэр Агартхэщ. IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, ар тхьэ лъахэщ, гъащIэр зыухуахэр, щхьэж и гъащIэ гъуэгур хухэзышхэр, цIыхум и насыпым и унафэщIхэр щопсэу. Агартхэм и «тхэ-тхьэ» кIэухымрэ адыгэбзэм «Тхьэ» псалъэм щIилъхьэ мыхьэнэмрэ (ДыкъэзыгъэщIа) зыщ. Апхуэдэ зэгъэпщэныгъэ куэд къыщыбгъуэтынущ алыдж, шумер, аккад, хьетт, мысыр, мессопатамие лъэпкъыжьхэм къащIэныжа тхыгъэхэм.  

Ансамблым и лэжьыгъэр зыублахэр

Ди «Кабардинка» къэрал ансамбль цIэрыIуэращ зи гугъу тщIыр. Сыт хуэдэ Iуэхуми псыпэ зэриIэм ещхьу, мы гупми къызэринэкIа гъуэгуанэр, япэу лъэбакъуэ абы щызычахэр дигу идгъэху хъунукъым. Зи цIэ тщыгъупщэ мыхъунухэм ящыщщ Лэкъун Жанусэ, Исаковэ Галинэ, Къэбэрдокъуэ Тамарэ, Урыс Къэрэжан, нэгъуэщIхэри. 
Лэкъун Жанусэ

Сэфралыкъуэ Мэт и шы гъэпскIыпIэ

И лIыгъэмрэ Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэ гъунэншэмрэ мызэ-мытIэу наIуэ яхуищIами, зэрахэт къудейр икIагъэу къалъытэрти, егъэзыгъэкIэ къызыхыхьа пщы-уэркъ гупым увыIэгъуэ ямыIэу къалъыхъуэрт Сэфралыкъуэр зэрагъэкIуэдын. Езыри бэлэрыгъыртэкъым, псэхупIэ къызэрырамытынумкIэ гурыщхъуэ ищI зэпытти.

«Зы абыкъурэ зы аркъэнрэ уиIэмэ, уунагъуэщ»

Ди лъэпкъым и гушхуапIэ нартхэр щыщыIа зэманым щегъэжьауэ шымрэ цIыхумрэ быдэу зэпхат. Шы лъэпкъ къэгъэщIынкIи, а псэущхьэ угъурлыр тэмэму зехьэнкIи гъэсэнкIи Iэзэ хуэхъуагъэххэт. Нартхэр щыпсэуар илъэс мин 3,5-м щIигъужауэ къыщалъытэкIэ, нэгу къыщIэгъэхьэгъуейщ ди лъэпкъымрэ шымрэ къызэдакIуа гъуэгум и кIыхьагъыр.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ