Тхыдэ

ШуджэгукIэ зэджэр сыт?!

ЩIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м щIигъу зи Iэдакъэ къыщIэкIа, этнолог, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Абхъазым «ПщIэрэ щIыхьрэ» и къэрал дамыгъэм и етIуанэ нагъыщэр зыхуагъэфэща Бгъэжьнокъуэ Барэсбий адыгэ лъэпкъым и хабзэрэ щэнхабзэрэ джыным къару мымащIэ ирихьэлIащ. Адыгэхэм я зэхущытыкIэхэр, къэнжал зауэр, шэрджэс джэгукIэхэр, хъуэхъухэр - куэд мэхъу ар фIэгъэщIэгъуэну зэлэжьахэр. Апхуэдэу хьэлэмэту ар зытетхыхьа адыгэ шуджэгу лIэужьыгъуэхэм епха тхыгъэ кIэщIщ адэкIэ фызыщыдгъэгъуэзэнур:

Адыгэ IуэрыIуатэм и лъэужь

IуэрыIуатэм къихьэсарэ ди бзэм лъэ быдэкIэ къыхэнауэ къыдогъэсэбэп псалъэ куэд. Абыхэм къарыкI дыдэр нэсу къыдгурымыIуэжми, лъым хэту къыддогъуэгурыкIуэ. ЩIэныгъэлIхэм зэпкъраха псалъэ зыбжанэм дрикIуэнщи, зыщыдгъэгъуэзэнщ абыхэм я мыхьэнэ дыдэм.

ИрипIейтейм и Iуэху еплъыкIэ

Адыгэхэм «испы унэ» зыфIаща мывэ джей пIащIэхэу КъухьэпIэ Кавказымрэ Абхъазымрэ я бгылъэ щIыпIэхэм куэду узыщрихьэлIэхэр зы щIыкIэм тету щIащIам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. 
Абыхэм ящыщ зыр щызэпкърыха хъуауэ къыдолъытэ адыгэ гъащIэмрэ щэнхабзэмрэ хуэгъэпса «Псынэ» журналым 2009 гъэм дунейм къытригъэхьа и 8-нэ къыдэкIыгъуэм Шыкъ Феррухь «Испы унэ» зыфIища и тхыгъэу къытехуам. 
А къэхутакIуэм къызэрилъытэмкIэ, испы унэхэр хы ФIыцIэм къуэкIыпIэмкIэ щыIэ и Iуфэхэм илъэс мини 5 ипэкIэ щыпсэугъа пасэрей адыгэ-абхъаз лъэпкъхэм я щIэинщ. 

Лъэпкъым и шыфэлIыфэр къэзыхутэ щIэныгъэлI

 Адыгэхэм ди тхыдэм теухуауэ къыдэкI дэтхэнэ къэхутэныгъэри, тхыгъэри, тхылъри лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ, ди тхыдэр фIыуэ зэрыдмыщIэр къэплъытэмэ. Дызэрыщыгъуазэщи, апхуэдэ тхылъхэр нэхъыбэу къыдэкI щыхъуар 90 гъэхэм щыщIэдзауэщ. 
Псалъэм папщIэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидатхэу Сокъур Валерэ, Къэжэр Валерэ, Мэрзей Аслъэнбэч, Къармэ Руслан, нэгъуэщIхэми я къалэмыпэ къыщIэкIахэр уасэншэщ. Адыгэ лъэпкъ тхыдэм куууэ хэIэбэфауэ къысщохъу зи цIэ къисIуа щIалэхэр.  

Ди сабиигъуэм щыщ джэгукIэхэр

Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэу яIэщ щIэблэм зэрызрагъэужьу, зэрагъасэу щыта Iэмалхэр. Абыхэм ящыщт сабий джэгукIэхэр. 

Инджылызырщ къыщежьар

         Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхар зыхуэгъэза мурад нэхъыщхьэхэм ящыщщ а къэралым нацизмэм и бжьыр щхьэщыхыныр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы и  Iэужьхэр къощIэрэщIэж, СССР-р я пашэу ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щызэхапIытIа пэтми. Зэрытлъагъущи, къуэпсхэр къэнащ. Мыр удз бзаджэм ещхьщ: сыт хуэдизри ираупщIыкIми, щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщызэфIоувэж хьэфIанэр зэрагъэтIылъу.

И цIэр тхыдэм къыхэнащ, адыгэлI нэсым и щапхъэу

Хэкум и щхьэхуитыныгъэр, абы и щIыхьыр къэмылэнджэжу зыхъумахэм жыджэру яхэтащ ди щIыналъэм щыщ щIалэ куэд. Псэемыблэжу, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу япэщIэтащ ахэр бий зэрыпхъуакIуэхэм. 

КъикIуэт зымыщIэт Къардэн Сыхьэт-Джэрий

Дунейпсо тхыдэм и напэкIуэцIхэр гъэнщIащ зи мыхьэнэкIи купщIэкIи зэмылIэужьыгъуэу щыт Iуэхугъуэ куэдкIэ. Абы къыщыгъэлъэ­гъуа къэхъукъащIэхэм я нэхъыбапIэр епхащ цIыхубэм (е цIыху щхьэхуэм) зэрахьа лIыгъэм, яхэлъа хахуагъэм. Къэралым и зэпэ­щыныгъэм, зыузэщIыныгъэм, абы и щхьэхуитыныгъэр хъумэным зэфIэкIышхуэ езы­хьэ­лIэу щыта хэкупсэхэр жылагъуэм къыщыхагъэбелджылыкIыу щытащ цIэ лъагэхэмкIэ, дамыгъэ лъапIэхэмкIэ. Псом хуэдэжтэкъым хэкум и къыщхьэщыжакIуэу щыту зэуапIэ губгъум лIыхъужьыгъэ щызезыхьэхэм яIа пщIэр.

Хэкум щыхуэзэшым дыщэидэ ищIырт

Къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ пIащIэртэкъым Грозный Иван щхьэгъусэ хуэхъуну. Зэрыхуэмейр гуригъэIуэну щIэхъуэпсырти, хъыджэбзаплъэ пащтыхьым деж щашэну махуэм дыщэ IуданэкIэ хэдыкIа бостей шакъафэр щитIэгъэным и пIэкIэ къащхъуафэ зыхэлъыр къыхихат. Къапщтэмэ, ар абыи зыкIи нэхъ фагъуэ щIэхъукIыртэкъым.

Илъэси 100 ирикъуащ

Тхыгъэ фэеплъ куэд зимыIэ лъэпкъхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ япэу дунейм къытехьа къыдэкIыгъэхэм. Абыхэм я лъапIэныгъэр зэпхар япэу къызэрыдэкIам и закъуэкъым, атIэ зэфIэувэу хуежьа литературэщIэм ича лъэбакъуэхэм я инагъыр къэгъэлъэгъуэнымкIэ, я фIагъыр къыщIэгъэщынымкIэ, гупсысэкIэмрэ лъэпкъ щIэжымрэ зиужьынымкIэ ябгъэдэлъ къарур къызэрагъэлъэгъуэфымкIи пщIэшхуэ яIэщ.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ