Махуэгъэпс

НОБЭ

Дыгъэгъазэм  и 25,  блыщхьэ

         1914 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къанкъуэщ Ахьмэдхъан.

         1919 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Байсултанов Алим.

        1919 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Яхэгуауэ Михаил.

        1923 гъэм къалъхуащ композитор, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Балэ Мухьэдин.

НОБЭ

Дыгъэгъазэм  и 23, щэбэт

         УФ-м Экологие, технологие, атом кIэлъыплъыныгъэхэмкIэ и къулыкъум (Ростехнадзор) и махуэщ

         Урысейм и Дзэ-Хьэрш Къарухэм гъуэгуанэ кIыхь зэпызычыф я авиацэм и махуэщ

         1905 гъэм Тэрч областым зауэ щытыкIэ щагъэувауэ щытащ.

         1947 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ ищIащ ИлъэсыщIэр къыщихьэ щIышылэм и 1-р гъэ къэс гъэлъэпIэным икIи ар мылэжьэгъуэ махуэу гъэувыным теухуауэ.

Дыгъэгъазэ

Астрономхэм къызэрабжамкIэ, 2023 гъэм Дыгъэм, ЩIы Хъурейм и джэлэсым елъытауэ, бжьыхьэмрэ щIымахуэмрэ я зэхэкIыгъуэ дыдэу зыщигъазэр дызэрыт мазэм и 22-м пщэдджыжьым сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 27-рэ секунд 19-м техуэущ (Москва къалэм къызэрыщабжымкIэ).

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 22, мэрем

♦Энергетикым и  махуэщ

♦Урысей Федерацэм и Пенсэ фондыр къыщызэрагъэпэща  махуэщ

♦2001 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ.   Хуабэр  махуэм градуси 4 - 8, жэщым  градус 0 - 2 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 21,  махуэку

♦Илъэсым къриубыдэу махуэр щынэхъ кIэщIщ, жэщыр щынэхъ кIыхьщ

♦1944 гъэм ВКП (б)-м и обкомым унафэ къищтащ Дзэлыкъуэ, Куба, Налшык, Шэджэм, Прималкэ, Урожайнэ, Лэскэн районхэм газет къыщыдэгъэкIыным теухуауэ.

♦1879 гъэм къалъхуащ парт, къэрал лэжьакIуэ, генералиссимус, Совет Союзым и ЛIыхъужь, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, 1924 - 1953 гъэхэм СССР-м унафэщIу щыта Сталин (Джугашвили) Иосиф.

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 20, бэрэжьей

 ЦIыхухэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ
 УФ-м Къэралым шынагъуэншагъэ къыщызэгъэпэщынымкIэ и органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
1760 гъэм
къалъхуащ адыгэпщ, урысеидзэм полковникыу къулыкъу щызыщIа ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил-Бей.
1944 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, публицист, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу илъэс куэдкIэ лэжьа ГъуаплъащIэ Заудин.

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 19, гъубж

ХуэмыщIауэ псэухэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ
Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и Къэрал Къулыкъум и дзэ тIасхъэщIэх IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
1906 гъэм
къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ адмирал, Ищхъэрэ, Балтие флотхэм я командующэу щыта Головко Арсений.
1935 гъэм
къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, Горькэм и цIэр зезыхьэ Дунейпсо литературнэ институтым и профессор Алий Аллэ.

Бгыхэм я махуэ

Аранэ лъагапIэхэр – а псалъитI къудейм гупсысэр зыхуамышэрэ псэм къыщызэщIамыгъэушэрэ гъуэтыгъуейщ. Зым и дежкIэ ахэр зылъэмыIэс уэсылъэ-къырылъэу дыгъэм пэлыдхэрщ, адрейм къызэрыщыхъур налкъутналмэсу зэщIэпщIыпщIэ Iуащхьэ плъыфэбэ зэкIэлъыкIуэу зи дахагъэм итхьэкъуущ.

Бгыхэм я дунейпсо махуэр дыгъэгъазэм и 11-м ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2003 гъэм иригъэкIуэкIа и 57-нэ зэхуэсым къыщащтами, абыкIэ жэрдэмыр къыщыхалъхьар нэхъ пасэущ - 1992 гъэм зи гугъу тщIы зэгухьэныгъэм зэхиша и зэхуэсышхуэу дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ теухуауэ щытарщ.

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 18, блыщхьэ

         Iэпхъуэшапхъуэм и дунейпсо махуэщ

         Урысейм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм езыхэм я шынагъуэншагъэмкIэ и къудамэм я махуэщ

         Урысейм и ЗАГС IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ

1930 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Жамборэ Хьэсэнбий.

НОБЭ

Дыгъэгъазэм  и 16, щэбэт

         1890 гъэм къалъхуащ Мысырым нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министру, премьер-министру щыта Мэхьмуд (Хьэхъу) Февзи.

         1916 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, драматург, щIэныгъэлI, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шортэн Аскэрбий.

         1967 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Кушмэзокъуэ Iэсият.

 

Дунейм и щытыкIэнур

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс