Махуэгъэпс

НОБЭ

Гъатхэпэм и 12, гъубж

         ИнтернеткIэ цIыхухэм якIэлъыплъыныр мыдэным и дунейпсо махуэщ

         Урысейм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ

         1912 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта, 1965 - 1973 гъэхэм КъБКъУ-м и ректору щыта КIэрэф Къамболэт.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 11, блыщхьэ

♦УФ-м Наркотикхэм якIэлъыплъынымкIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ

♦Уней хъумакIуэ агентствэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ

♦1991 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къищта унафэм ипкъ иткIэ «Ленин гъуэгу» газетым и цIэр «Адыгэ псалъэ» жиIэу зэрахъуэкIащ.

♦1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Уэщхъун МуIэед.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 7, махуэку

Театрым зэрыщIыхьэ билетхэр зыщэ кассирым и махуэщ

♦​1960 гъэм Куба щыщ жэмыш Пащты Салимэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.

♦​1919 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Жанэ Къырымызэ.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 - 4, жэщым градуси 2  щыхъунущ.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 6, бэрэжьей

Дзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ

Глаукомэ узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ

1929 гъэм къалъхуащ абхъаз тхакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Искандер Фазиль.

Дунейм и щытыкiэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 6 - 7, жэщым градуси 2 - 4 щыхъунущ.

 

 

Лъэпкъ Iущыгъэ:

НОБЭ

Гъатхэпэм и 5, гъубж
Гаджетхэр гъэункIыфIауэ щыгъэтыным и дунейпсо махуэщ
1911 гъэм
къалъхуащ КъШР-м и къэрал лэжьакIуэ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щыта, Къэрэшей-Шэрджэс автономнэ округым и Адыгэ-Хьэблэ щIыналъэм и унафэщIу лэжьа Къардэн Iэдэм.
1950 гъэм къалъхуащ полковник, жылагъуэ лэжьакIуэ, Израилым щыIэ Рихьэние къуажэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Гъыш Самир. 

НОБЭ

Гъатхэпэм и 4, блыщхьэ

1846 гъэм «Кавказ» газетым къытридзащ Къаз-Джэрий и «Зи щIыхьыр ин къэрал тетым и деж» письмор.
1918 гъэм Тэрч ЦIыхубэ Республикэр къэунэхуащ.
1940 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор КIуэкIуэ Тэлэдин.
1942 гъэм
къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щоджэн Вячеслав.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 1, мэрем

         Граждан зыхъумэжыныгъэм и дунейпсо махуэщ

         Гуапагъэ зэжеIэным и дунейпсо махуэщ

         СПИД узыфэр зыпкърытхэм ящымымэхъэшэным и дунейпсо махуэщ

        1897 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и нартыхугъэкI, и гуащIэм къыпэкIуауэ орден, медаль зэмылIэужьыгъуэхэр зрата Щауэ Данил.

         Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

Мазаем и 29, махуэку
Лэжьыгъэ хьэлъэм къыхэкI фэбжьхэр гъэмэщIэным и дунейпсо махуэщ 
Бжыгъэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэм и махуэщ
НэгъуэщIым и унафэм щIэту лажьэхэм я дунейпсо махуэщ
 
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ.      Махуэм  хуабэр   градуси 2 - 5, жэщым   щIыIэр градуси 4 - 1 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:

НОБЭ

Мазаем и 28, бэрэжьей

Куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэхэм я дунейпсо махуэщ
ЦIыхур жеиным и дунейпсо махуэщ

1937 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ-уэрэдус цIэрыIуэ Къанкъул ФIыцIэ.
1942 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сонэ Абдулчэрим.
1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Щэрдан Нодар.

НОБЭ

Мазаем и 27, гъубж

         Мыщэ хужьым и дунейпсо махуэщ

         Правительствэм и нэIэ щIэмыт зэгухьэныгъэхэм я дунейпсо махуэщ

         Урысейм щытыкIэ хэхам деж къагъэсэбэп и къарухэм я махуэщ

         1945 гъэм Мэсей Аслъэнджэрий «Совет Союзым  и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащащ.

         1940 гъэм къалъхуащ шэрджэс сурэтыщI Мэзукъэбз Хьэзрэт.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс