|
Махуэгъэпс
2 апреля, 2024 - 06:11
Мэлыжьыхьым и 2, гъубж
Сабий тхылъым и дунейпсо махуэщ
Белоруссиемрэ Урысеймрэ я лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
1911 гъэм Цагъуэ Нурий Истамбыл адыгэбзэкIэ къыщыдигъэкIащ «Гъуазэ» газетым и япэ номерыр.
1948 гъэм адыгэ тхакIуэ щэджащэ КIэрашэ Тембот СССР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ.
1932 гъэм къалъхуащ журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ АфIэунэ Рае.
1 апреля, 2024 - 11:09
Мэлыжьыхьым и 1, блыщхьэ
Къуалэбзухэм я дунейпсо махуэщ
Ауанымрэ дыхьэшхымрэ я махуэщ
1930 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артисткэ Щауэжь Розэ.
1937 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м щIыхь зиIэ и механизатор Дадэ ХьэмытIэ.
1943 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ дохутыр, жылагъуэ лэжьакIуэ Тэмазэ Анатолэ.
30 марта, 2024 - 06:00
Гъатхэпэм и 30, щэбэт
♦Урысей вулканологхэм я махуэщ
♦1934 гъэм къалъхуащ Олимп джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ я чемпион Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд.
♦1941 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Дэбагъуэ Хьэсэн.
29 марта, 2024 - 14:31
ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фондым кърихьэжьауэ, къэрал куэдым къызэдащта «ЩIым и сыхьэт» Iуэхугъуэм, нэгъуэщI теплъэ иIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрыр мы гъэми хэтынущ. Дызэрыт илъэсым ар гъатхэпэм и 30-м техуащ.
Мы гъэм ЩIым и сыхьэтыр дэзыIыгъ къэралхэм я къалэхэмрэ къуажэхэмрэ дэс унагъуэхэм, тыкуэнрэ курыт еджапIэу, хьэрычэтыщIэ IэнатIэу дэтхэм, къыхуеджэныгъэм пэджэж дэтхэнэми – «лейуэ» ягъаблэ уэздыгъэхэмрэ мыхьэнэ ин дыдэ зимыIэ электро-Iэмэпсымэхэмрэ нобэ пщыхьэщхьэм сыхьэт 20-рэ дакъикъэ 30-м деж Iуачынущ.
29 марта, 2024 - 09:46
Гъатхэпэм и 29, бэрэжьей
♦Юридическэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
♦1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Ало Руслан.
♦1950 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Осетие Ипщэм, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Дзидзоев Валерий.
Дунейм и щытыкIэнур
27 марта, 2024 - 12:00
Гъатхэпэм и 27, бэрэжьей
Театрым и дунейпсо махуэщ
Урысейм и МВД-м и къэрал кIуэцI дзэхэм я махуэщ
1917 гъэм Налшык ГъэзэщIакIуэ комитет къыщызэрагъэпэщащ.
1925 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Балъкъэр Фоусэт.
1937 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ЩхьэщэмыщI Хьэту.
26 марта, 2024 - 05:01
Гъатхэпэм и 26, гъубж
Къэмэх узыфэр зыпкърытхэм я махуэщ
1898 гъэм къалъхуащ кавказыбзэхэр зыджа щIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Куржым щIэныгъэхэмкIэ и академием и академикыу щыта, Абхъазым, КъБР-м, Шэшэн, Ингуш, Дагъыстэн республикэхэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Куржым и къэрал саугъэтым и лауреат Чикобавэ Арнольд.
Дунейм и щытыкIэнур
25 марта, 2024 - 09:10
Пащтыхьхэм я хьэлт цIыху губзыгъэхэмкIэ, зэчий зыбгъэдэлъхэмкIэ зыкъаухъуреихьыну. Языныкъуэ пащтыхьхэр езыхэм я зэчийкIэ цIэрыIуэ хъуахэщ, адрейхэм гу зылъата сурэтыщIхэм, щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм, гъуазджэм дихьэххэм ядэIэпыкъукIэрэ я цIэр Iуащ.
* * *
25 марта, 2024 - 09:07
Гъатхэпэм и 25, блыщхьэ
♦ЦIыхур гъэпщылIынымрэ щхьэхуимытхэмкIэ сату щIынымрэ я лей зытехьахэм я дунейпсо махуэщ
♦ООН-м и лэжьакIуэхэу гъэру яIыгъхэм, хъыбарыншэу кIуэдахэм къащхьэщыжыным и дунейпсо махуэщ
♦Спорт кином и дунейпсо махуэщ
♦Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я махуэр
Дунейм и щытыкIэнур
22 марта, 2024 - 12:54
ЩIыуэпсым и щытыкIэм тегузэфыхьхэр зэзышалIэ Iуэхугъуэщ мыбы теухуа махуэхэр къызэрагупсысари зэрызэдагъэлъэпIэри. ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм 1993 гъэм мазаем и 22-м иригъэкIуэкIа зэхыхьэм гъатхэпэм и 22-р Псым и дунейпсо махуэу щагъэуващ.
ТкIуаткIуэ телъыджэм и «хьэл-щэн» гъэщIэгъуэныщэхэм щIэныгъэлIхэри цIыху къызэрыгуэкIхэри куэд щIауэ топсэлъыхь. Зызыужь-зызыхъуэжу мы дунейм тет псоми я дежкIэ псыр псэхэлъхьэжу зэрыщытым тщыщ дэтхэнэри дыщыгъуазэщ. АрщхьэкIэ, а къэщIыгъэ телъыджэм хуэфащэ гулъытэ хуэтщIыфу пIэрэ?
Страницы
|