|
Календарь событий
23 мая 2020
23 мая, 2020 - 08:20
♦Шылъэгум и дунейпсо махуэщ. А псэущхьэхэм я бжыгъэр дунейм мащIэ зэрыщыхъуар, ахэр хъумэным хуэгъэза Iуэхухэр икIэщIыпIэкIэ къызэгъэпэщын зэрыхуейр я тегъэщIапIэу, а махуэр США-м щагъэувауэ щытащ 2000 гъэм.
23 мая, 2020 - 08:20
Хэку зауэшхуэм ди къэралыр зэрыщытекIуэрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум ехьэлIа Iуэху гуапэхэр щокIуэкI республикэм и IуэхущIапIэхэм.
23 мая, 2020 - 08:18
ЦIыхухэр, псэущхьэхэр, къэкIыгъэхэр зи хэщIапIэ ЩIы Хъурейм гулъытэ хэха хуэщIыным теухуауэ ООН-м хигъэунэхукIа пIалъэм Биологие зэмылIэужьыгъуагъэм (къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ) и махуэкIэ йоджэ. Ар, 2001 гъэм къыщыщIэдзауэ зы илъэс къэмынэу, накъыгъэм и 22-м дуней псом щагъэлъапIэ.
23 мая, 2020 - 08:17
Художник цIэрыIуэ хъуауэ, И. К. Айвазовскэр 1839 гъэм Феодосие къэкIуэжыгъащ. Кавказ зауэм и гуащIэгъуэт абы щыгъуэ. ТIуапсэ деж кхъухькIэ къебгъэрыкIуэн мурад яIэт урыс дзэпщхэм.
23 мая, 2020 - 08:17
КАВКАЗ зауэм и тхыдэм щыцIэрыIуэщ поляк зауэлI хахуэ Лапинский Теофил (1826 - 1886 гъгъ.) И лъэпкъэгъу гупышхуэ къыздишэри, ар Шэрджэсым къэкIуауэ щытащ 1857 гъэм, илъэсищкIэ ядэзэуащ адыгэхэм (шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм).
23 мая, 2020 - 08:15
Урыс-Кавказ зауэм и тхыдэм щыцIэрыIуэ дыдэщ Ажджэрий и къуэ КушыкупщкIэ зэджэр. КъызыхэкIар пщы лъэпкъщ, аращ КушыкупщкIэ щIеджэр. ЛъэпкъкIэ зыщыщыр нобэми IупщI хъуакъым.
23 мая, 2020 - 08:05
Псалъэ пэжхэр
Гуащэр щытепщэм пщыр щеудыхащ
23 мая, 2020 - 08:00
Нэгъабэ и мэлыжьыхь (апрель) мазэм «Атырау» командэм и унафэщI къулыкъур къызэригъанэрэ лэжьапIэншэу къекIуэкIащ 1996-1998 гъэхэм Налшык и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэу щыта Къумыкъу Виктор. Мыгувэу абы и унафэм щIэувэнущ Узбекистаным и футбол командэхэм ящыщ зы. Азие Курытым щыIэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэс 57-рэ зи ныбжь адыгэ IэщIагъэлI цIэрыIуэм дяпэкIэ игъэсэнущ а къэралым и дивизион нэхъыщхьэм щыджэгу «Андиджан»-р.
|