Календарь событий

08 мая 2020

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Радиом, связым и IэнатIэ псоми я лэжьакIуэхэм я махуэщ. Ар щагъэлъапIэ Урысейм, Армением, Белоруссием.
Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр къыщызэрагъэпэща махуэщ. 1992 гъэм УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэмрэ IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэмрэ къызэгъэпэщыным теухуауэ.

Курп Ищхъэрэ гъуэгур зэрагъэпэщыж

«ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу, илъэс къэс Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгухэм щолэжь.

Курп лъагапIэхэр: фэеплъым и пщIэр

Урысей гвардием и IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и лэжьакIуэхэр иджыблагъэ щыIащ Тэрч щIыналъэм ит Курп лъагапIэхэм. Зауэр ди лъахэм къыщысам, зэхэуэ нэхъ гуащIэ дыдэр 1942 гъэм абдежщ щекIуэкIар.

Бийр жылэм щыдэтам

1942 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м щегъэжьауэ 1943 гъэм щIышылэм и 3 пщIондэ зэрыпхъуакIуэхэм Къэхъун яIэщIэлъащ. Биидзэм нэхъыбэу хэтыр румынхэрт. Арауэ къыщIэкIынущ хьэкIэкхъуэкIагъэ куэд щIызэрамыхьари. АрщхьэкIэ унафэр зыIэщIэлъ офицерхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу нэмыцэхэт.

АЛИЙ И МЫВЭ

А мыващхъуэ иныр куэдым ялъэгъуащ. Зеикъуэ дэт курыт еджапIэ №2-м декIуэкI нэпкъышхуэм, ищхъэрабгъукIэ ихуэу, ноби джабэм кIэрылъщ ар. Ар адрей мывэхэм емыщхьу жыпIэ хъунущ, зэремыщхьри абы телъ «дыркъуэхэмкIэщ». Ар ди лъахэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр зэман кIэщIкIэ щита лъэхъэнэм Хьэрэкхъуэрэ Iуащхьэм теса фашистхэм я шэм тридза уIэгъэщ. Ауэ а мывэр адыгэбзэкIэ къэпсэлъатэмэ, шэч хэмылъу, псом япэ ди усакIуэшхуэ ЩоджэнцIыкIу Алий Iэсхьэд и къуэм и цIэр къриIуэнт.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупыр Налшык щызэхуос

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы хэлэ­жьыхьащ Тыркум, Сирием, Иорданием, АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием щылажьэ Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. Щхьэу­сыгъуэ гуэрхэмкIэ къримыхьэлIэфахэм папщIэ видео зэпыщIэныгъэ къызэрагъэпэщри, зэIущIэм щекIуэкI лэжьыгъэм щыгъуэзахэщ Израилымрэ Европэм хыхьэ къэралхэмрэ я Хасэхэм я ­тхьэмадэ Тхьэухъуэ Зухьейррэ ДыщэкI Эртанрэ.

Олимп Джэгухэр къыщежьа Афинхэм

Олимпиадэр къыщежьа Алыджым и къалащхьэ Афинхэм 2004 гъэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм чемпионыгъэр къытхуихьакъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэу Аккаев Хьэжмурат атлетикэ хьэлъэмкIэ дыжьыныр, Тау Хьэсэнбий дзюдомкIэ домбеякъ медалыр къалъысащ. Къэрэшей-Шэрджэсым икIа абазэ щIалэ Хърачэ Мурат боксымкIэ, Адыгейм и лIыкIуэ Алифиренкэ Сергей кIэрахъуэ гъэуэнымкIэ ещанэ хъуахэщ. Атлетикэ хьэлъэмкIэ утыку къихьа ТIэхъущ Заур Iыхьэншэ дыдэу къэнащ.

Джылахъстэнейр мэхасэ

ЩIышылэм и 28-м Тэрч щIы­налъэм щекIуэкIащ Джы­лахъстэней Адыгэ ­Ха­сэм 2019 гъэм зэфIи-гъэ­кIа­хэмрэ илъэсыщIэм къы­пэщылъхэмрэ ятеухуа зэIущIэ щхьэпэ. Абы ирагъэблагъэри хэтащ Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Хьэ­фIыцIэ Му­хьэмэд, Тэрч ­район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Семэн Пщыкъан, щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и унафэщI КIэрэф Мурадин, нэхъы­жьыфIхэр, дин лэ­жьа­кIуэхэр, нэгъуэщIхэри.