|
Календарь событий
09 августа 2019
9 августа, 2019 - 08:20
Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и коллегием и зэIущIэм 2019 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм кърикIуахэм щыхэплъэжащ, етIуанэ илъэс ныкъуэм гу нэхъ зылъытапхъэхэр щаубзыхуащ.
9 августа, 2019 - 08:17
«Къэбэрдей-Балъкъэр» телеканалымкIэ бадзэуэгъуэм и 12-м къатыжащ «Москва-Дамаск» арт-марафоным къытращIыкIа фильмыр. Ар теухуащ сурэт щIынымкIэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» X дунейпсо фестиваль-зэпеуэм пашэ щыхъуахэм я лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса, бгъэIэпхъуэ хъу художественнэ гъэлъэгъуэныгъэм.
9 августа, 2019 - 08:15
УлъэIуэн щхьэкIэ иджы лицензэ ухуейщ
Закон гъэщIэгъуэн къыщащтащ иджыблагъэ Швецием и Эскильстунэ къалэм. Абы и уэрамхэм лъэIуакIуэу удэтын щхьэкIэ лицензэ уиIэн зэрыхуейм теухуащ ар. Къалэм и Iэтащхьэхэм я унафэм ебакъуэм къуэдыуэ тралъхьэнущ Швецием и кронэ миниплI (еврэ 371-рэ мэхъу).
9 августа, 2019 - 08:13
Псэр мэпIейтей иджыри, гур мэпхъэр. ГукъэкIыжхэм хожабзэри, махуэхэр нэщхъыфIэу щIепщытыкIыж, гъуэгуанэ махуэ зыщIэкIа лъэри щIым хуиту толъэт.
9 августа, 2019 - 08:12
Адыгэ усакIуэ, прозаик, драматург, публицист, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Къуиикъуэ Налбий Инус и къуэр Адыгэ Республикэм и Теучэж районым хыхьэ Къунчыкъухьэблэ къуажэм 1938 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м къыщалъхуащ. 1957 гъэм Адыгей къэрал пединститутым щIэтIысхьащ. ЕджапIэр къыщиуха 1962 гъэм къыщыщIэдзауэ 1978 гъэ пщIондэ «Социалистическэ Адыгей» газетым корректору, корреспонденту щылэжьащ.
9 августа, 2019 - 08:10
Къуэныкъуей Назир
9 августа, 2019 - 08:10
Къардэн Къэбард Лэкъумэн и къуэм и гъащIэр ещхьт вагъуэижым - махуэ 257-кIэщ ар Хэку зауэшхуэм зэрыхэтар. Дэфтэрхэм яхъумащ абы сыхьэтихым къриубыдэу и танкымкIэ нэмыцэ фашисту 50-м щIигъу зэриукIар, топу 5 зэрикъутар, къуентхъыу танки 7, топ 13, автомашинэ 78-рэ дыдейхэм къаIэрыхьэным ар зэрыхэлIыфIыхьар...
9 августа, 2019 - 08:04
Фэ фщIэрэ?
Пащтыхьыгъуэр - ди лъэхъэнэм
XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм языныкъуэ пащтыхьыгъуэхэр зэхэкъутэжащ, адрейхэм я хуитыныгъэхэр нэхъ мащIэ хъуащ. Ауэ щыхъукIи, иджыри къыздэсым къэрал щыIэщ пащтыхьхэмрэ пащтыхь гуащэхэмрэ унафэ щаIэщIэлъу.
Диктаторхэр
9 августа, 2019 - 08:03
Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ пщIэ лей хуэтщIу къокIуэкI джэгуакIуэхэм. Лъэпкъ Iэмэпсымэхэр зыгъэбзэрабзэхэмрэ ахэр зыщIыф IэпэIэсэхэмрэ жьантIэр хуагъэфащэрт.
9 августа, 2019 - 08:03
Акъсырэ Залымхъан теухуауэ жысIэм и нэхъыбэр пцIыуэ къыпщыхъункIэ хъунущ, апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэныщэщи.
9 августа, 2019 - 08:02
ЛитературэмкIэ Нобель саугъэтыр зыхуагъэфэща, зи тхыгъэхэр бзэ тхущIым щIигъукIэ зэрадзэкIа тырку тхакIуэ цIэрыIуэ Памук Орхьан и «Рыжеволосая женщина» романыр 2017 гъэм япэу урысыбзэкIэ къыдэкIащ. Толстой Лев и лэжьыгъэхэм Памук зэрыдахьэхыр къалъытэри, и щIэблэм ар Москва ирагъэблэгъащ икIи Лениным и цIэр зезыхьэ къэрал библиотекэм абы и тхылъым и лъэтеувэ пшыхь щращIэкIащ. ЗэIущIэ гъэщIэгъуэным зригъэхьэлIащ режиссёр, киноактрисэ, композитор, драматург, сценарист Жэман Iэминэ.
9 августа, 2019 - 08:00
СамбэмкIэ дунейми Европэми я чемпион, Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Уэзы Мурат щыбанэ алэрыбгъум къищынэмыщIауэ, жылагъуэ-политикэ гъащIэми увыпIэшхуэ щиIыгъщ - ар республикэм и Абазэ щIыналъэм и Iэтащхьэу лэжьащ, иужькIэ КШР-м и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэу щытащ, 2018 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэ лъандэрэ Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщIщ.
|