|
Календарь событий
29 мая 2019
29 мая, 2019 - 08:15
Уи щIыпIэм къыщалъхуа, абы къыщыхъуаращ сыт щыгъуи укъэзыгъэпэжынур. Ар иджыри зэ нэрылъагъу щыхъуащ «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэу Шыпш Тимур 2012 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м ягъэува иужькIэ – Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм къыхэнэн папщIэ бэнэныгъэ гуащIэ езыгъэкIуэкI ди командэр Новгород Ищхъэрэ къикIа «Волга»-м бжыгъэшхуэкIэ, 3:0-у, текIуащ, абы и пэкIэ хэнейрэ зэкIэлъхьэужьу къыхагъэщIа пэтми.
29 мая, 2019 - 08:14
Махуэгъэпс
КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Ацкъан Руслан и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъур иджыблагъэ щагъэлъэпIащ Лэскэн щIыналъэм хыхьэ, усакIуэр къыщалъхуа Ерокъуэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм.
29 мая, 2019 - 08:13
«Псэр зокIуэ псалъэм и къарукIэ» щыжеIэ Ацкъан Руслан и усэхэм ящыщ зым. Езым псалъэм и къарукIэ дунейм и теплъэ телъыджэхэр ди нэгум щIегъэкI, гъащIэм щэхуу хэлъым дрегъэгупсыс, мыхьэнэ зэдмыта Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм нэгъуэщIынэкIэ дрегъэплъыж – гъащIэ хъужыр усэбзэкIэ еIуатэ. ЕIуатэ уэгумрэ щIылъэмрэ зэзышалIэ, зэзыгъэпсалъэ хъэтI щIэщыгъуэкIэ. Ацкъан Руслан и усэхэм упсэуну уагъэпIащIэ, усэбзэм гъэру иIыгъ псэр ягъэпIейтей, яхуз, итIани жьы драгъэхуж. УсакIуэм гъащIэр елъытэ, псэуну йолъэдэкъэщыкI. Ар хыболъагъуэ мывэр къыпхызытхъ удзыщIэм и образым:
29 мая, 2019 - 08:12
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ адыгэ скульптор Къалмыкъ Фёдор Батырбэч и къуэр псэужамэ, мазаем и 15-м илъэс 87-рэ ирикъунут. Ар Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм 1932 гъэм къыщалъхуащ. ЗэрыцIыкIурэ дэзыхьэх сурэт щIыным Налшык къэIэпхъуа иужькIэ зыщыхуигъэсащ Сабий творчествэмкIэ унэм. Курыт школыр къиухри, Фёдор 1947 гъэм щIэтIысхьащ Саратов щыIэ художественнэ училищэм скульптурэмкIэ и къудамэм. Ар къиухри, Налшык къигъэзэжащ.
29 мая, 2019 - 08:08
Нобэ зи гугъу сщIыну Кърым-Джэрий СулътIан тхакIуэт, журналистт икIи щIэныгъэлIт. Адыгэ лъэпкъхэм яIа псэукIэмрэ я тхыдэмрэ ятеухуауэ абы и Iэдакъэм къыщIэкIа тхыгъэ щIэщыгъуэхэр тедзэн зэрыщIадзэрэ илъэси 110-м щIигъуащ. Пушкин, Лермонтов, Белинский сымэ я лъэхъэнэгъу Инэт Кърым-Джэрий къыщIэна тхыгъэхэм куэд яхэтщ иджыри я пщIэр мыкIуэдауэ, ди нобэрей тхылъеджэхэм къахуэщхьэпэну.
29 мая, 2019 - 08:00
А махуэм и щIыхькIэ Бахъсэн къалэм къыщызэрагъэпэща зэпеуэм цIыху 1200-м нэблагъэ хэтащ. А зэхьэзэхуэм и пашэу щытащ къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, абы и къуэдзэхэр, администрацэм и лэжьакIуэхэр, организацэхэм, предприятэхэм я унафэщIхэр, еджакIуэхэр.
ЛъакъуэрыгъажэкIэ къызэдэжэхэр Дыгулыбгъуей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къыщежьэри, къалэ псом кIуэцIрыкIащ икIи зы сыхьэт иримыкъум километри 6-7 хуэдиз къызэранэкIри, ПсыкIэху къуажэм и дыхьэпIэм деж щыт фэеплъым нэс кIуащ.
29 мая, 2019 - 08:00
Дыщэ гъэтIылъауэ доллар мелард 500 и уасэ
Урысей Федерацэм и дыщэ гъэтIылъыгъэхэм кIуэ пэтми зэрыхигъахъуэм егъэгузавэ адрей къэралхэр.
29 мая, 2019 - 08:00
«Кавказ Ищхъэрэ къалэ щIыб пассажир компание» акционер зэгухьэныгъэм зэрихьэ щIыпIэм щызекIуэ къалэ щIыб мафIэгухэм 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ фокIадэм и 30-м нэсыху пассажирхэм пщIэншэу лъакъуэрыгъажэхэр къыщыздрашэкI хъунущ. Апхуэдэ унафэ компанием къищтащ лъакъуэрыгъажэр фIыуэ зылъагъухэм накъыгъэм и 26-м къызэрагъэпэща урысейпсо зэпеуэм хэтахэм я лъэIукIэ.
|