Календарь событий

24 апреля 2019

Дунейм щыхъыбархэр

Инджылызым и къалащхьэ Лондон тхьэмахуэм щIигъуауэ щокIуэкI экологие акцие. Уэрамхэм къыдыхьащ цIыху минхэр. Акцэм хэтхэм къэралым и унафэщIхэм хуагъэув щIыуэпсыр хъумэным хуэфащэ гулъытэ хуащIыну.

Зи IэщIагъэм хуэIэижьхэр

Ди къэралым и щыхьэр Москва къалэм дэт Урысей социальнэ университетым иджыблагъэ щыхэплъэжащ «Сэ си IэщIагъэм фIы дыдэу хызощIыкI» урысейпсо студент зэпеуэм кърикIуахэм. КъБКъУ-м и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы ехъулIэныгъэ иIэу хэтащ ди университетым и студенткэ Биттуевэ Эльмирэ. «Социальная работа» IэщIагъэмкIэ бакалавриатыр къэзыух пщащэ цIыкIур а унэтIы­ныгъэмкIэ пашэ щыхъуащ къэралпсо зэхьэзэхуэм.

Махуэшхуэм и фэеплъу

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щрагъажьэ къэрал кIуэцI хъумакIуэ IэнатIэр граф Комаровскэм къызэрызэригъэпэщрэ илъэс 250-рэ зэрырикъур.

Тхьэм псом я лейуэ къыхиха

«Мысыр литературэм щыбгъуэтынущ зи цIэр фIыкIэ къипIуэ хъуну куэд, ауэ а псом япэ игъэщын хуейщ етIощIанэ лIэщIы­гъуэм псэуа Щэукъий Ахьмэд, Мысырым я усакIуэ нэхъ ин дыдэр», - апхуэдэу щит­хащ Луговской Владимир «Мысырым и усакIуэхэм я усэхэр» тхылъым хуищIа хэзыгъэгъуазэм.

«ЛIэныгъэмрэ псэуныгъэмрэ зэпызыщIэ вагъуэ»

Адыгэм нэщэнэ иIэщ: махуэ плIыщI фIэкIа псэуну къызыхуэмынэжа цIыхум и нэ вагъуэр имылъагъужу. Ауэ хэт ар зигу къэкIыу и нэ вагъуэр илъагъу-имылъагъу махуэ къэс зэхэзыгъэкIыр?! ЛIэныгъэм ехьэлIа гупсысэм куэдыр щощтэ, апхуэдэ гупсысэм зыпыIуадз, гъунэгъу зыхуащIын мэшынэ. Ауэ! ЛIэныгъэм емыгупсысыр езыр абы гъэру иIыгъхэрщ. Гува-щIэхами лIэныгъэр дэтхэнэми къызэрытщIэлъым арэзы техъуарщ хуиту псэур! Философ гуэрым жиIащ «Философие гупсысэ уи­Iэныр - лIэныгъэм зебгъэсэнырщ». Пэжуи, гъащIэри лIэныгъэри и гупсысэм къизыгъэзэгъэфырщ философ нэсыр. Уса­кIуэр-щэ?!

И плъапIэмрэ и гурыщIэмрэ гъунэншэщ

Дунейпсо литературэм и «губгъуэшхуэм» уи вагъэбдзумэ щыпхыпшыныр, дунейпсо усыгъэм и уафэгум зыми емыхь уи вагъуэ щыпыбгъэнэныр Iуэху джэгукъым. Уеблэмэ ар зэхэгъэкIыпIэ нэхъ ткIий дыдэхэм ящыщщ. Апхуэдэу щытми, къалэмыр Iэпэгъу зыхуэхъуахэм яхэту къыщIэкIынкъым а къалэн гугъум, мащIэ-куэдми, зыгуэркIэ пэлъэщыну къимыгъэгугъэ. Арыншамэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, ущIэтхэни щыIэкъым. АрщхьэкIэ усэ зытх псори усакIуэкъым.

Адыгэшыр урысей шы лъэпкъыжьщ

Адыгэшыр уанэш лъэп­къыжь дыдэхэм ящыщщ. Абы и цIэм ущрохьэлIэ шы зехуэным теухуауэ дуней псом щызекIуэ псалъалъэхэм. Шым зэрихьэ цIэм IупщI ещI ар къызэзыгъэпэща лъэпкъым лъыкIэ зэрепхар, адыгэ гъащIэм илъэс мин бжыгъэкIэ пыщIауэ къызэрекIуэкIар.

АдэфI къуэфI хуэщщ

БэнэкIэ хуитымкIэ ди къэралым щынэхъ лъэщ дыдэхэм хабжэ Урыш Анзор. Ар Урысей Федерацэми Европэми мызэ-мытIэу я чемпион хъуащ, Лондон щекIуэкIа Олимпиадэм 2012 гъэм хэтащ. КъищынэмыщIауэ, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэ инхэр щиIащ, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастерщ, къэралым и командэ къыхэхам 2009 гъэм щыщIэдзауэ ираджэ.

Дон и кубокым

ТхэквондомкIэ Дон и кубокыр къэхьыным щIэбэнащ спортс­мени 1200-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр а зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ.