Календарь событий

19 апреля 2019

Джэданэ зэкъуэшхэр

Куэдрэ къэхъуркъым зы адэ-анэм къалъхуа зэкъуэшхэм ехъулIэныгъэ инхэр спортым щаIэу. Нобэ зи гугъу фхуэтщIыну Джэданэхэ Залымрэ Алимрэ дзюдом лъэужь дахэ къыщагъэнащ икIи тIури дунейпсо классымкIэ спортым и мастер хъуащ.

МЭРЕМ ПШЫХЬХЭР

Фэ фщIэрэ?
Сократ и псэлъафэхэр

Сократ (ди эрэм и пэкIэ 469-399 гъгъ.) Афинхэм щыщ алыдж философ цIэрыIуэщ. Абы и цIэр зыгъэIуар философием къыщигъэхъуа зэхъуэкIыныгъэрщ – дунеймрэ щIыуэпсымрэ къыпыкIри, цIыхум и хьэлым и зэхэлъыкIэмрэ щыIэкIэ-псэукIэмрэ зэгъэщIэным иужь ихьащ.

ХамэщІым щыужьыха вагъуэ Шыгъэлыгъуэ (Окай) Мерал

Щикъухьащ  адыгэр  дунеижьым

Шыгъэлыгъуэ Мерал 1959 гъэм фокIадэм и 20-м Тыркум - Анкара къалэм - къыщалъхуащ. Тыркудзэм и полковникыу тIысыжа и адэ Шыгъэлыгъуэ Iэта дызэрыт зэманым фирмэ гуэрхэм я чэнджэщэгъуу мэлажьэ,

Хьэтхэмрэ адыгэхэмрэ

Хама къалэм и бэзэрыр мывэ сэрейкIэ къэщIыхьащ. Абы зы мы­вэ пхъэбгъу хэлъащ. Мывэ пхъэбгъум и щIыфэм тхыпхъэщIыпхъэ хьэлэмэтхэр телъти, арагъэнт ар хьэрыпхэм тхьэм и пащхьэм къи­кIауэ къыщIалъытэр. Зыми ищIэртэкъым ар къыздикIари тхыпхъэ­щIыпхъэ тезыдзари; хами трагъа­плъэртэкъым, езы хьэрыпхэм фIэ­кIа.

Усыгъэм дихьэххэм папщIэ

Гу  зылъытапхъэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм литературэ пшыхь дахэхэр щокIуэкI «Библио­ночь-2019» фIащауэ. Абы щыщщ «Дуней псор - театрщ» гупсысэр мы гъэм лъабжьэ зыхуащIахэри.

Асфальтыр узыншагъэмкIэ зэранщ

Зи бжыгъэм зэпымычу хэхъуэ машинэхэм къалэхэм ущымыбэуэжыф ящI. Ахэр зэрылажьэ гъэсыныпхъэхэм къапкърыкI Iугъуэм и закъуэкъым зэраныр, гъуэгум телъ асфальтыр нэхъ шынагъуэжщ.

Дунейм щыхъыбархэр

Президентыр хахынущ

2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 9-м Къэзахъстаным щекIуэкIынущ зимычэзу президент хэхыныгъэхэр. А къэралым и унафэщI Токаев Къасым-Жомарт лъэпкъым телевиденэкIэ иджыблагъэ зыщыхуигъазэм апхуэдэу жиIащ.