|
Календарь событий
06 февраля 2019
6 февраля, 2019 - 08:13
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ УФ-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ и министр Топилин Максим, лэжьыгъэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ федеральнэ IэнатIэм и унафэщI Вуколов Всеволод, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и къуэдзэ Бабушкин Игорь, федеральнэ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм къикIахэр.
6 февраля, 2019 - 08:12
КъБР-м махуитIкIэ щыIащ УФ-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Топилин М. А. КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, Лэжьыгъэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и унафэщI Вуколов Всеволод, КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений сымэ щIыгъуу Топилин Максим къызэхикIухьащ социальнэ IэнатIэм хиубыдэ IуэхущIапIэ зыбжанэ - КъБР-м Медико-социальнэ экспертизэмкIэ и бюро нэхъыщхьэр, Яныкъуей къуажэм дэт психоневрологие интернатыр.
6 февраля, 2019 - 08:12
Дунейм щыхъыбархэр
ЩытыкIэр нэхъри зэIагъэхьэнкIэ шынагъуэщ
«Japan Business Press» газетым дыгъуасэ къытрадза тхыгъэм УФ-м и унафэщIхэр зэригъэпIейтеинум шэч хэлъкъым, игъэгубжьынущ жумыIэнумэ.
6 февраля, 2019 - 08:11
Къыргъыз тхакIуэшхуэ Айтматов Чингиз и роман «Буранный полустанок» зыфIищам мыпхуэдэ миф итщ. Жуанжуанхэр Азие Курытым щыпсэу лъэпкъ цIыкIу гуэрым къытоуэри хэкур яхъунщIэ. ЗауэфI щыIэкъым: жуанжуанхэм лейуэ зэрахьам я нэхъ Iей дыдэу цIыхум я гум мыпхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъэр къонэ. ЗэрыпхъуакIуэхэм зытекIуа лъэпкъым нэхъ щIалэ Iэчлъэчхэр къыхачырт, ахэр Iэпхлъэпх ящIырти, къумым къранэрт. Абыхэм я щхьэм фIэкъуа шхуэл цIынэр къурэу зэпрыгъукIырт.
6 февраля, 2019 - 08:10
«Урысей зэкъуэтым» и щIыналъэ къудамэм зи пIалъэр къэмыса и конференцыр щIызэхуашэсам и щхьэгъусэ нэхъыщхьэр партым и XXVIII съездым къищта унафэхэр гъэзэщIэнымкIэ лэжьыпхъэхэр убзыхун зэрыхуейрщ, - жиIащ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и секретарь АфэщIагъуэ Михаил.
6 февраля, 2019 - 08:09
Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ Шэджэм къалэм дэтым деж щрагъэжьащ Хэкум и ХъумакIуэм и махуэм теухуа зыхъумэжыныгъэ-цIыхубэ Iуэхухэм, щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэтэджынымкIэ хухаха мазэ лэжьыгъэр. Абы хэтащ щIыпIэ унафэщIхэм, Урысей ДОСААФ-м и къудамэу районым щыIэм, дзэ комиссаритым, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм, политикэ партхэм я лIыкIуэхэр, еджакIуэ ныбжьыщIэхэр.
6 февраля, 2019 - 08:08
Гъэлъэгъуэныгъэ
Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ куржы сурэтыщI Хизанишвили Русудан и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. «Книга вымышленных существ» фIэщыгъэм щIэт выставкэм кърихьэлIат щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр, еджакIуэ цIыкIухэр, къалэдэсхэр.
6 февраля, 2019 - 08:07
Мечиев Казым и цIэр зезыхьэ НыбжьыщIэхэм я библиотекэм щIышылэм и 30-м щекIуэкIащ «И дыщэ пхъуантэр къэттIэщIыжкIэрэ» литературэ пшыхьыр. Ар теухуауэ щытащ адыгэ лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 165-рэ зэрырикъум.
6 февраля, 2019 - 08:05
ЩIы хъурейм щыгъуэтыгъуейщ Адыгейм и Куэшхьэблэ щIыналъэм хыхьэ Еджэрыкъуей къуажэм къыщалъхуа Хьэсанэ Мурат самбэмкIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм хуэдиз зиIа: дуней псом 11-рэ и чемпион хъуащ, Дунейпсо кубокыр 8 къихьащ, Европэм 5 щытекIуащ, 19-рэ къэралым дыщэр щызыIэригъэхьащ. Илъэс пщыкIутхум щIигъукIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и капитану щытащ икIи зыхэт спорт лIэужьыгъуэм щынэхъ лъэщ дыдэу куэдрэ къалъытащ. Абы самбэмкIэ къэралми дунейми къыщыпэлъэщын щIагъуэ щыIакъым 1993 - 2006 гъэхэм.
6 февраля, 2019 - 08:00
ГъэщIэгъуэнщ
Псэущхьэхэр фIыуэ тцIыхуу къытщыхъуж щхьэкIэ, дызыщымыгъуазэ куэд хэлъщ Iуэхум. Мы тхыгъэмкIэ фыщыдгъэгъуэзэнщ абыхэм ящыщ зыбжанэм.
|