|
Календарь событий
11 января 2019
11 января, 2019 - 11:00
ЦIыху Iэпкълъэпкъым нэхъ телъыджэ щIыуэпсым къигъэщIакъым. Абы и лъынтхуэ километр бжыгъэхэр зэхэмызэрыхьу зэрылажьэр, псантхуэхэм къалэну ягъэзащIэр, лъым зэрызигъэкъэбзэжымрэ вирусхэм зэрезауэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Къыхэгъэщыпхъэщ цIыхум и щхьэкуцIым ихъумэф информацэм хуэдиз зезыгъакIуэ компьютер нобэр къыздэсым къызэрамыгъэщIыфари. ЩхьэкIуцIым и зэфIэкI псом щыщу проценти 5 фIэкI цIыхум къызэримыгъэсэбэпыр къэплъытэмэ, ущIоупщIэ: сыт хуэдизт цIыхум лъэкIынур, абы и щхьэр проценти 100-кIэ лажьэу щытатэмэ?
11 января, 2019 - 11:00
ФIыщIэ щIыным и дунейпсо махуэщ
Урысейм и мэзгъэфIэнхэмрэ (заповедникхэмрэ) лъэпкъ паркхэмрэ я махуэщ. 1917 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ япэ мэзгъэфIэныр - Баргузин щIыпIэм (Бурятие) псэущхьэхэр хъумэным хуэщIа къэрал IуэхущIапIэм лэжьэн щыщIидзащ.
Албание Республикэм и махуэщ
1569 гъэм дунейпсо тхыдэм щыяпэу Инджылызым лотерей щагъэджэгуащ.
1693 гъэм Сицилие хытIыгум (Италие) Этна вулканыр къыщиури, щIыр щыхъеящ. Абы цIыху мин 60-м щIигъу хэкIуэдащ.
11 января, 2019 - 11:00
Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр дунейм щыIэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я пощт маркэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуам теухуа буклет. Ар игъэхьэзыращ маркэхэр зэхуэхьэсыным куэд щIауэ дихьэх Тхьэкъуахъуэ Iэуес.
Буклетым итщ 1946 гъэм щегъэжьауэ 2018 гъэм нэсыху къыдэкIа маркэ 30. Я инагъ дыдэм хуэдизу абыхэм хагъэхьащ СССР-м, Урысейм, Абхъазым, Азербайджаным, Белоруссием, Румынием, Египетым, Израилым, Канадэм, Иорданием, Палау, Мальдивы къэралхэм щызекIуэу щыта маркэхэр.
Буклетыр экземпляри 100 хъууэ аращ.
11 января, 2019 - 08:10
2019 гъэм и япэ махуэхэм «Iуащхьэмахуэ» бгы-лыжэ курортым я нэгу зыщезыгъэужьа туристхэм я бжыгъэр проценти 10-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэ и апхуэдэ зэманым щыIам елъытауэ.
11 января, 2019 - 08:08
Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIагъэкIыжрэ илъэс 76-рэ ирокъу
Мы Iуэхур махуэ бжыгъэм зэфIэкIащ. Бий бзаджэр Сталинград и деж щызэхакъута иужь белджылы къэхъуащ щытыкIэм зэрызихъуэжар: иджы ди зауэлIхэм Iэмал ягъуэтат зэрыпхъуакIуэхэм къару лъэщкIэ ебгъэрыкIуэну. ЗанщIэу къэуващ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэм щыщу гитлеровцхэм яубыдахэр хуит къэщIыжыным теухуа къалэныр.
11 января, 2019 - 08:08
Хэку зауэшхуэм хэта Герасименкэ Нинэ мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 95-рэ зэрырикъуамкIэ ехъуэхъуащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
11 января, 2019 - 08:07
«Абхъаз-адыгэбзэхэм я гуащIэр, я дахагъэр хыболъагъуэ я бзэм хэлъ зы гъэщIэгъуэнагъым: гупсысэр кърипIуэтэну гъуэзэджэу, урипсэлъэну шэрыуэу, уригушыIэну гухэхъуэу, хъуэхъу ирипIэтыну хуэдэ зэрыщымыIэмкIэ», - апхуэдэ псалъэ дахэхэр, Iущхэр ди анэдэлъхубзэм хужиIащ Абхъазым и цIыхубэ усакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Шинкубэ Бэгърат. Пэжу, щIэныгъэлI цIэрыIуэ куэдым къалъытэ ди бзэр дуней псом щынэхъ пасэрей дыдэхэм, гъэщIэгъуэныщэхэм, купщIафIэхэм ящыщу, ар Азие Ипщэм щыIауэ кIуэдыжа бзэхэм я щэхухэр къэхутэнымкIэ «IункIыбзэIух» хъуфыну.
11 января, 2019 - 08:05
Дунейм ехыжащ пщIэшхуэ зыхуэсщI, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ, щIэныгъэлI гъуэзэджэ, физикэ-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, Дунейпсо Адыгэ Академием и президент, УФ-м, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, цIыху щэджащэ, ныбжьэгъу пэж Нэхущ Iэдэм Мэрем и къуэр.
11 января, 2019 - 08:05
Уэрэдус Жылау Арсен и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу
Уджпыху макъамэм хэунэзыхьа екIэпцIэ мэзым жьэрэжьэжу зипхъэхыурэ фокIадэ IутIыжым зыкIэлъиший щхьэкIэ, дэнэт! «Пщащэ дахэ - щIалэгъапцIэщ» жыхуаIэрати, Бахъсэныжь и хъурыфэ куэщIым зрегъэщатэри зи кхъуафэ исым и уэрэд къришурэ фокIадэ уджыр аузым докIуэсэж.
11 января, 2019 - 08:05
Бахъсэн къалэм щаухуащ кIэрыхубжьэрыхухэр щызэхадз IуэхущIапIэр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар, «Бахъсэн ДРСУ» ООО-м и унафэм щIэту, 2018 гъэм жэпуэгъуэм щIын щыщIадзат Къатхъэным и цIэр зезыхьэ уэрамым и лъабжьэкIэ иIэ щIыпIэм деж.
КIэрыхубжьэрыхухэр щызэхадз IуэхущIапIэр ухуэным федеральнэ программэм ипкъ иткIэ сом мелуан 34,5-м нэблагъэ хухахат. Мы махуэхэм ирихьэлIэу лэжьыгъэ псори зэфIагъэкIащ. ЛъэщапIэщIэр къэгъэсэбэпыным хуэхьэзырщ.
11 января, 2019 - 08:02
Бзэр - псэщ
Дунейм зэрыщызэпсалъэ бзэхэр
11 января, 2019 - 08:00
Хабзэ дахэ хъуауэ, КъБР-м и Парламентым и депутатхэр ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу яIуощIэ республикэм и школ-интернатхэм, сабий унэхэм я гъэсэнхэм.
11 января, 2019 - 08:00
2018 гъэр, адрейхэми хуэдэу, яхуэугъурлащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм. Зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэти щытекIуащ, хэти дамыгъэ лъапIэхэр иIэу къыщигъэзэжащ. Нобэ фигу къэдгъэкIыжынщ ахэр:
|