Календарь событий

14 декабря 2018

Зи усэбзэр къабзэ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм щыщ усакIуэ, журналист, зэдзэкIакIуэ Iэзэ Уэрэзей Афлик Пщымахуэ и къуэр псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирикъуат. Ар «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым, «Нур» сабий журналым я редакцэхэм зэдзэкIакIуэу, корреспонденту, къудамэм и унафэщIу, газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щылэжьащ.
 

Кадыров Азрэт Iуащхьэмахуэ районым и прокурорщ

Урысей Федерацэм и Генеральнэ прокурорым дыгъэгъазэм и 12-м къыдигъэкIа унафэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iуащхьэмахуэ районым и прокурорым и къулыкъум илъэситху пIалъэкIэ ягъэуващ Кадыров Азрэт Владимир и къуэр.

Iулъхьэм нэхъ ерыщу пэщIэтыпхъэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прокуратурэм щекIуэкIащ ещанэ форум зэIуха. Iулъхьэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэм иригъэхьэлIауэ къызэрагъэпэща зэIущIэр теухуат Къэбэрдей-Балъкъэрым коррупцэм зэрыщебэным кърикIуахэм.

Нобэ

Академик Сахаров Андрей и фэеплъ махуэщ. ­Совет физик, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Нобель саугъэтым и лауреат Сахаров Андрей 1989 гъэм дунейм ехыжащ.
1542 гъэм Шотландие пащтыхьыгъуэм и унафэщIу ягъэуващ Стюарт Марие. Абы и гъащIэр гъэщIэгъуэныщэу къызэрекIуэкIар зыфIэтелъыджэу щытар и лъэхъэнэгъухэм я за­къуэкъым. Ноби абы теухуа тхылъхэр къыдокI, фильмхэр трах.
1695 гъэм къэралым и пащтыхь Пётр Езанэм къыхилъхьэри, адыгэпщ Черкасский Михаил Алигъуокъуэ и къуэр Урысейм и генералиссимусу хахат.

Хэкум зи гущэкъу ирибзахэр

Къафэм декIу макъамэ щIэмылъмэ, ныбжь къудейщ. ЗэвгъэцIыху «Кабардинка»-м и псэхэлъхьэж зэщхьэгъусэхэу Дэрокъуэ Рамирэ (ансамблым и музыкэ унафэщIщ) Дэрокъуэ (Къумыкъу) Марьянэрэ (гупым и пшынауэщ).

«Кабардинка»-м и гуфIэгъуэ пшыхь

Юбилей

Дыгъэгъазэм и 12-м Налшык Iэтауэ щагъэлъэпIащ лъэпкъ щэнхабзэм и напщIэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 85-рэ зэрырикъур.

Пшынэ Iэпэр лъапэрисэм, къафэр пкъыкъым, къафэр псэрщ

 

«Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 85-рэ ирокъу

Къафэм и бзэр пкъым и тхыпхъэщ,
Пхъэру гущIэр зыIулIыфщ.
Тхыдэ жыжьэр зи щIыхь джатэр,
Лъэпкъ Iэужьу махуэ (насып) щылъхущ.
Си адэшхуэм ипкъ кърихри,
Дамэ лъэщу къызитащ.
Пшынэ Iэпэр лъапэрисэм,
Къафэр пкъыкъым, къафэр псэрщ
.

Щ. З.

Атэбий Игорь: ФIыуэ слъагъу Iуэхум селIалIэу аркъудейщ

Илъэс 40-м нэблэгъауэ къафэм и фIыпIэм хэтщ «Кабардинка»-м и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь. Ар Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Адыгэ республикэхэм щIыхь зиIэ я артистщ, Ингуш, Шэшэн республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ, УФ-м и Правительствэм и саугъэтым и лауреатщ, цIэ лъапIэ бжыгъэншэхэр зыхуагъэфэщащ. Игорь илъэс 20-м нэблэгъауэ ансамблым и художественнэ унафэщIщ икIи а зэманым къриубыдэу къафэ гъуазджэм и псалъэ щыжиIа къудейкъым, атIэ лъэпкъым и тхыдэм хэмыгъуэщэн лъагъуэ къыхинащ.

Я псэр зы къафэщ, я гъащIэр зы гъуэгущ

ГъущIо зэщхьэгъусэхэу Залымрэ Сюзаннэрэ «Кабардинка»-м и къэфакIуэ пажэхэм ящыщщ.
Сюзаннэ къэфакIуэ гупым 2006 гъэм щегъэжьауэ хэтщ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым актёру щеджа иужькIэ а IэщIагъэм къигъэув Iуэхугъуэ гуэрхэр хузэфIэмыкIыну къыщилъытэм, хореографиемкIэ иунэтIыжащ. ИкIи хущIегъуэжакъым. Сюзаннэ жеIэ «Кабардинка»-м щылэжьэну щIэхъуэпсми а и хъуэпсапIэм щышынэжу зэрыщытар, ар узылъэмыIэсын лъагапIэ гуэру къыщыхъуу.

МЭРЕМ ПШЫХЬ

*Тыгъэ къуатам и уасэракъым гуапэр,
Ар къозытам и уасэращ.
*ЦIыху губзыгъэр зэи имыIуэху хэлъэдэнукъым,
Губзыгъэу зыкъызыщыхъужыращ дэни хэпкIэнур.
*Ущыуэныр апхуэдэу бэлыхьышхуэкъым,
ПхузэмыхъуэкIыжын щыуагъэ пIэщIэмыкIамэ.

Дунейм щыхъыбархэр

«Трансгенные продукты» жыхуаIэм щымышынэ къэгъуэтыгъуейщ, зищIысым фIыуэ дыщыгъуазэкъыми. ЩIэныгъэлIхэр тIу зэрищIыкIауэ щызэдауэкIэ, дзыхь щIахуумыщIын щхьэусыгъуэ щыIэщ.
КъызэрыщIэкIымкIэ, ар къагупсысын хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэр цIыхухэр куэд дызэрыхъурщ, 2020 гъэм меларди 7,7-м дынэсыну жаIэ. Апхуэдизыр ЩIым хуэмыгъэшхэжыну жаIэ икIи абы хэкIыпIэу къыхуэбгъуэтыфынур къызэрымыкIуэу багъуэ, мазэкIэ, уеблэмэ илъэс бжыгъэкIэ зэIымыхьэу щылъ ерыскъыхэкI къэбгупсысынырщ.

Хъан Къаплъэн-Джэрий Къэбэрдей хэкум къыщемыхъулIа и зекIуэмрэ езыр зэрытрагъэкIамрэ

Смирнов Владимир ­(1846 - 1922) Бытырбыху дэт университетым и КъуэкIыпIэ факультетыр 1870 гъэм «хьэ­рыпыбзэмкIэ, персыбзэмкIэ, тыркубзэмкIэ кандидат» IэщIагъэр иIэу къэзыуха урыс тхыдэджщ, бзэ ­щIэ­ныгъэлIщ. Нобэ зи пы­чы­гъуэ къэтхь и доктор ­диссертацэр 1887 гъэм пхигъэкIащ абы. Кърым хъа­ныгъуэр зэрызэфIэува щIы­кIэм, абырэ Урысеймрэ я зэхуаку дэлъа зэхущы­тыкIэм я гугъу ищIкIэрэ, Смирновыр адыгэ тхыдэм «Къэнжал зауэ» фIэщыгъэмкIэ къыхэна зауэ­зэ­рылIым топсэлъыхь.

Урысей Федерацэм и Конституцэр илъэс 25-рэ зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Конституцэр илъэс 25-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Кремлым щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм.

КIуэкIуэ Казбек еджэнымкIи спортымкIи ехъулIэныгъэшхуэ зиIэ школакIуэхэм паспортхэр яритащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Правительствэм и Унэм щаритащ республикэм и школакIуэхэу еджэнымкIэ пашэхэм, апхуэдэу урысей, щIыналъэ олимпиадэхэмрэ спорт зэхьэзэхуэхэмрэ къыщыхэжаныкIахэм.

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Е. А., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., министерствэхэм, ведомствэхэм, хабзэхъумэ органхэм я унафэщIхэр, къалэ, район администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденыр Сэбаншы Р. Къ. етыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэр зэтегъэувэным къаруушхуэ зэрырихьэлIам икIи жылагъуэ лэжьыгъэм жыджэру зэрыхэтым къыхэкIыу «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэ щиIэ фыщIэм папщIэ» орденыр етын Сэбаншы Розэ Къаншумэс и пхъум - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и комсомолым и ветеранхэм я совет» жылагъуэ зэгухьэныгъэм щIыхь зиIэ и унафэщIым.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къахьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ икIи илъэс куэдкIэ хьэлэлу зэрылэжьам къыхэкIыу
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын

Гореловэ Наталье Владимир и пхъум - Урысей Федерацэм Лъэпкъ гвардием и дзэхэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм кадрхэмкIэ и къудамэм и унафэщIым