Календарь событий

07 декабря 2018

ЩIыуэпс Дызыщыпсэу щIыр - бжыгъэхэмкIэ

ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, дызыщыпсэу ЩIымрэ Дыгъэ системэм хиубыдэ вагъуэхэмрэ адрей планетэхэмрэ илъэс меларди 4,6-рэ и пэкIэ къэунэхуащ. ЦIыхур хьэршым и гъунапкъэ жыжьэхэм нэплъысащ. ИкIи планетэ мелард бжыгъэхэм ящыщу ЩIы закъуэращ гъащIэ здэщыIэу къыщIэкIари. Ар, дауи, телъыджэщ. Ауэ, абы нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныж куэд къыщохъу езы ЩIыми...
ЯпэщIыкIэ ЩIым и ухуэкIэм зэ дриплъэжынщ.

Адыгэ анэм и щIыхькIэ

ЦIыху щхьэхуэ, е лъэпкъ псо ирехъу, хэти и щхьэр лъагэу ирегъэлъагъуж, къызэринэкIа тхыдэ лъэужьым щIэукIытэн къытемынэмэ.
А гуфIэгъуэр тIуащIэ мэхъу цIыху зыбжанэм яхузэфIэкIа Iуэху дахэм и хьэтыркIэ зэрылъэпкъыу щагъэлъапIэм деж. Ауэ жаIэркъым: «Хэкур фIыуэ зылъагъур и лъэпкъым ныбжьэгъу нэхъыбэ къыхуэзылэжьращ». Апхуэдэ щапхъэхэм язщ Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ Беслъэней къуажэ цIыкIум щыпсэухэм Хэку зауэшхуэм и зэманым бийм къиувыхьа Ленинград къраша сабийхэр кърагъэлауэ зэрыщытар.

Нобэ

ЦIыхухэр къызэрырашэкI авиацэм и дунейпсо махуэщ.
1944 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м Чикагэ (США) Iэ щытрадзащ цIыхухэр къызэрырашэкI кхъухьлъатэхэм я лэжьэкIэр зыубзыху конвенцэм.
Урысейм и Дзэ-Хьэрш Къарухэм я инженер-авиацэ къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ

Кхъуейжьапхъэ

Шыуаным псы щIыIэ иракIэ, япщэфIыну къагъэхьэзыра шатэм и зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр шыуаным иракIэри, дакъикъэ зы-тIукIэ къагъавэ. Къэнам джэдыкIэ кугъуэ уда хакIэ, зэIащIэурэ гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIа хакIутэ, а псори шыуаным ит шатэ къэкъуалъэм хакIэ, зэIащIэурэ дакъикъи 5-8-кIэ хьэкум трагъэтщ. Абы и ужькIэ тыкъыр цIыкIуурэ упщIэта кхъуей цIынэ гъэтэджа мышыур хакIутэ, псы щIыIэ тIэкIукIэ зэхэщIа шыгъушыпс хакIэ, шыуаныщхьэр ныкъуэтепIэу къагъанэри, дакъикъи 10-12-кIэ, тхъу къыщIидзыху, мафIэ цIыкIум тету къагъавэ.

Дапщэщ бзылъхугъэр сэмэгурабгъумкIэ щыувыр?

Хабзэ
 

* ЦIыху гуп зэхэсым нэхъыжь къахыхьэрэ е здыблэкIым сэлам къарихамэ, псори мэтэджри фIэхъусым и жэуапыр ятыж.
* ГуфIэгъуэ Iэнэм бгъэдэсхэм «Гуп махуэ апщий» жиIэу къахыхьаIамэ, Iэнэм и нэхъыжьым фIэкIа къэмынэу мыдрейхэр къотэджри сэламыр къыIах. КъыщIыхьам гуп махуэбжьэ ират. Ар къэтэджахэм нэхърэ нэхъыжьмэ, бжьэм хэIубу е ефэу къезытам иратыжыхукIэ зыри тIысыжыркъым.

Лэкъум

Шху гуащIэм шыгъу, джэдыкIэ цIынэ, содэ, фошыгъу, сэхуран дагъэ халъхьэ, мафIэм трагъэувэри зэIащIэурэ и хуабагъыр градус 35-рэ хъуху трагъэт, содэмрэ фошыгъумрэ ягъэткIуху. Шху хуэбар гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIам хакIэри, тхьэв япщ, хъыдан трапхъуэри хуабапIэм щагъэтщ дакъикъэ 20-30-кIэ. ИтIанэ Iэнэмрэ хупхъэмрэ сэхуран дагъэ щахуэ, тхьэвыр мм 3-4 и Iувагъыу хупхъэкIэ яхури сэкIэ зэпаупщI. Лэкъумыр сэхуран дагъэкIи тхъукIи бгъажьэ мэхъу. Тхьэв зэпыгъэжар фIыуэ къэплъа дагъэм халъхьэри тхъуэплъ хъуху ягъажьэ. Лэкъумыр щабэу, пIэрэпIэщэжу щытын хуейщ. Шатэ, фо, шей щIыгъуу хуабэу яшх.

КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу Ткачёв Евгений ягъэув

КъБР-м и Правительствэм и Унэм УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александр дыгъэгъазэм и 5-м республикэм и Правительствэм хэтхэм, Парламентым и депутатхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм щаригъэцIыхуащ КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэм и къулыкъум щIэуэ ягъэува Ткачев Евгений.

Я гулъытэр цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзащ

 «Урысей зэкъуэт» фракцэм хэт депутатхэм иджыблагъэ даIыгъащ цIыхухэм ират дэIэпыкъуныгъэ щхьэхуэхэм хэгъэхъуэным теухуауэ законодательствэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр.

Хэхэс адыгэхэм я IуэрыIуатэ

Ахъшэм нэсатэмэ

 Зы абэзэхэ хьэщIапIэ ежьащ. Гъуэгу здытетым, хъунщIакIуэхэм ярихьэлIащ, Узун-Яйла нэблэгъауэ.  Абыхэм къаувыхьри:
- Епсыхи, уи шыр къыдэт! - жаIащ.
Епсыхри, шыр яритащ.
- Уи щIакIуэри къыдэт!

Дунейпсо адыгэ вагъуэхэр

(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр
 дыгъэгъазэм и 5-м къыдэкIам итщ).
ЕтIуанэ Iыхьэ. Адэжь хэкум мыкIуэщIын къару къызыхилъхьахэр

Илъэс 46-рэ хъууэ аращ адыгэр зэрыадыгэу Олимп утыку къызэрихьэрэ. Тхыдэм и дежкIэ а зэман кIэщIым ди лъэпкъым ехъулIэныгъэ инхэр къыхудэкIуащ - дэ диIэ хъуащ Олимп чемпиону 6, Дуней псом, Европэм щытекIуауэ пщIы бжыгъэхэр! Ахэр псори ди дежкIэ лъапIэщ.
Чыржын Мухьэрбий (атлетикэ хьэлъэ),
Олимп чемпион - 1972 (Мюнхен, Германие)
Дуней псом и чемпион - 1972, 1973
Европэм и чемпион - 1973, 1974

Моттаевэ Светланэ

ИмыщIар хэт гуауэм чэф?
Чэф гуфIэгъуэм имыщIар хэт?
ГъащIэ гуэр къэзыгъэщIауэ
ЩыIэ зи нэр мыхъуа псыф?

НАРТЫЖЬ УЭРЭД

 Мы  уэрэдыжьыр  пасэрей дыдэхэм ящыщщ, къэбэрдейхэм фIэкIа  адрей адыгэ  лъэпкъхэм яIэкъым.

1. Си джатэжьурэ, уой,  дуней, хьэщхьэрыIуэдзэмэ,

Ежьу: Уо!
И дзэпкъитIымкIэ, уой, дуней, лъыхэр йожэхри.
Ежьу: Уой-ра, уой-ра, уоу-ри-ра-ри!

ЩIакхъуэ зэтеупIэщIыкI

Гуэдз хьэжыгъэ хужьыр пIинэу Iэнэм траухуанщIэ, и кур къратхъу. Шхум фошыгъу, шыгъу, содэ, сэхуран дагъэ, джэдыкIэ уда халъхьэри, фошыгъур ткIуху псори зэхагъэзэрыхь, ар хьэжыгъэм хуащIа кумбым иракIэри тхьэвыр япщ. Тхьэвыр кIыхьу ягъэджэрэзри, Iыхьэурэ зэпаупщI, ахэр хупхъэкIэ пIащIэу яху, мм 1,5-2 я Iувагъыу. Адрейхэм нэхърэ нэхъ ину зы тхьэв Iыхьэ яху, Iэнэм тхъу щахуэри ар тралъхьэ. Абы тхъу щахуэ, фошыгъуи трагъэщащэ. Тхьэв яхуа псоми я зэхуакум тхъу щахуэм, фошыгъу дагъэлъалъэурэ лъагэу зэтралъхьэ.

Мокаев Магомет

Къосыр уэс, уэсыр къос хужьрэ хужьу.
Си хьэ цIыкIу, гъэбэяут бэнэныр.
УпIейтейщи, щIэбдзауэ нэхущым,
узыхуейр сщIэркъым сэ сыбгъэщIэну,

Бабаев Ибрэхьим

Сэ си гуапэ мэхъур дыгъэм
щытрихукIэ пшэхэр уафэм.
Хэти хуэдэу, хуабэр сфIэфIщи -
зыри пэсщIкъым махуэ уэфIым.

Зы щIыгум и бынхэр

Усыгъэхэр

2019 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и илъэсыр Къэрэшей-Шэрджэсым, КъШР-м и илъэсыр ди республикэм щагъэлъэпIэну иджыблагъэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ щIыналъэ Iэтащхьэхэм. А Iуэхугъуэм дыпежьэу дыхуейт ди къуэш балъкъэр лъэпкъым щыщ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкI курыххэм ящыщу адыгэбзэм кърагъэзэгъахэм нэIуасэ фахуэтщIыну.

Адыгэ шхыныгъуэхэр Пасэрей хугу пIастэ

Псы къэкъуалъэм хугу лъэсар хакIутэ, зэIащIэри и щхьэм къыдрихьеяр чымчыркIэ къытрах, мафIэр цIыкIу ящIри шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъэ 15-16-кIэ ягъавэ псыр щIэвэщIэху. ИтIанэ пIастэр мафIэм тету бэлагъкIэ дакъикъи 8-10-кIэ япщ. ПIастэр щIимысыкIын щхьэкIэ, шыуан лъащIэм бэлагъкIэ щIоIэбэри, хугу гъущэ къабзэ тIэкIу кIэщIакIутэ. Абы пIастэм мэ дахэ къыхрегъэх.